Тенджыз Iуфэм щытокIуэ![]() Анапэ къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ ныбжьыщIэхэм я XIII урысейпсо зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 19 къикIа спортсмен 300-м щIигъу. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам зэхьэзэхуэм къыщихьащ медаль зэмылIэужьыгъуэу 12. ЩIалэ цIыкIухэм я деж зи ныбжьыр илъэси 10 - 11-м итхэм я зэпэщIэтыныгъэхэм щригъэкIуэкIа зэIущIищми текIуэныгъэ щызыIэрихьащ килограмм 30-м нэблагъэ зи хьэлъагъ Абазэ Ислъам. Дыжьын медалхэр къахьащ Къалэ Амиррэ (кг 64-рэ) Трегубов Георгийрэ (кг 40). Гуэбэшы Салим (кг 35-рэ) домбеякъ медалыр къыхуагъэфэщащ. Хъыджэбз цIыкIухэм я зэхьэзэхуэм щытекIуащ Къалэ Самирэрэ (кг 35-рэ) Мэкъуауэ Камиллэрэ (кг 43-рэ). Науржан Ясминэ (кг 40) етIуанэ увыпIэр къихьащ. Сибэч Алинэ (кг 40) ещанэщ. Спортсменхэр ягъасэ Бэлахъуэ Елдаррэ Абазэ Азэмэтрэ.
Поделиться:
Читать также:
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
30.05.2026 - 12:52 →
Тхум щыщу зыр дыщэу
17.05.2026 - 12:36 →
Iэдэм и япэ лъэбакъуэхэр
26.04.2026 - 12:26 →
Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ
25.03.2026 - 14:55 →
Шэчэрыщхьэ къыдохутэ
| ||





