Япэ текIуэныгъэшхуэ

 ФутболымкIэ Лъэпкъ Лигэм и етIуанэ дивизионым хыхьэу «Алания-2»-р ЕсэнтIыгу щыдэджэгуащ «Спартак-Налшыкым». Зэхьэзэхуэм  и кIэух увыпIэм щыт «хэгъэрейхэм» зэпэщIэтыныгъэр жыджэру къыщIадзащ. Япэ дакъикъэхэм щегъэжьауэ владикавказдэсхэм хьэщIэхэм я лъэныкъуэмкIэ зыщагъэбыдат. Зы ебгъэрыкIуэныгъэм адрей къыкIэлъыкIуэу налшыкдэсхэр къыхагъэзыхьырт абыхэм.
ЗэIущIэр зэрыщIидзэрэ куэд дэмыкIауэ Владикавказ и командэр япэ ищыным зымащIэщ иIэжар. «Алания-2»-м и гъуащхьауэхэм ящыщ зыр зэуа топыр ди гъуащхьэхъумэхэм угловойм ягъэкIуащ.
Джэгум щыщу сыхьэт ныкъуэр нэблэгъауэ «Спартак-Налшыкым»  щытыкIэр зэпIэзэрыт ищIыжащ. И лъэныкъуэмкIэ зэпэщIэтыныгъэр къыIузыгъэкIуэта хьэщIэхэр нэхъ жыджэр къэхъуат, щIэх-щIэхыурэ ебгъэрыкIуэныгъэхэри къызэрагъэпэщырт. Бжыгъэр къызэIуамыхауэ джэгум и ныкъуэр и кIэм нэблэгъащ.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэр зэрыщIидзэжу налшыкдэсхэр япэкIэ кIуэтащ. ХьэщIэхэм  я ебгъэрыкIуэныгъэм хэту топыр къызыIэрыхьа Бэчбо Марат Iэзэу «Алания-2»-м и гъуащхьэхъумэхэм къапекIуэкIри гъуэм еуащ икIи зэпэщIэтыныгъэм и бжыгъэр къызэIуихащ.
ЕтIуанэ топми куэдрэ зыпигъэлъакъым футболеплъхэр. КъыхудагъэкIа топым иужькIэ зыкъэзымыщIэжа Владикавказ и командэм и футболистхэм я щытыкIэр къигъэсэбэпри, штрафнойм ихьа Хьэшырым бжыгъэр игъэбэгъуащ.  
ПсынщIэ дыдэу къыхудагъэкIа топитIым «хэгъэрейхэм» я джэгукIэр зэтрихуат. Iэнкун къэхъуа ди хьэрхуэрэгъухэм  джэгур яIэщIэкIыпат. Ди щIалэхэм я ебгъэрыкIуэныгъэхэм ящыщ зым Хьэшырым топыр къыIэрыхьащ. Алан ар Iэзэу хэгъэрейхэм я гъуащхьэхъумэхэм яблихри гъуэм еуащ. «Алания-2»-м и гъуащхьэтетым абы къыхуегъэгъэзакъым – 0:3.
НэхъапэIуэкIэ къэхъуа щытыкIэм тету, джэгур къызэрыщIадзэжу «Спартак-Налшыкыр» ебгъэрыкIуащ. Штрафнойм иту Жангуразовыр зэуа топыр гъуащхьэхъуэмхэм ящыщ зым техуэри зэIущIэм и зэщхьэщыкIыныгъэр топиплIым хуэкIуащ.  
БжыгъэшхуэкIэ зэрытекIуэм арэзы къищI налшыкдэсхэр нэхъ кIащхъэ къэхъуащ. Уеблэмэ, зэманкIэ набдзагубдзаплъагъэр яфIэкIуэдащ. Апхуэдэ Iэмалыр гулъытэншэу къагъэнакъым хэгъэрейхэм.  ПсынщIэу къызэрагъэпэща контратакэм абыхэм ехъулIэныгъэ къахуихьащ. «Алания-2»-м и гъуащхьэхъумэныкъуэ Наниевыр зэуа топым налшыкдэсхэм гъуащхьауэм къыхуегъэгъэзакъым – 1:4.
Зэманыр икIэм нэблэгъауэ гуIэфIтещIэж иужьрей топыр хэгъэрейхэм яхудигъэкIащ зэпэщIэтыныгъэм бжыгъэр къыщэзыIузыха Бэчбо Марат. Къыхэдгъэщынщи, зи ныбжьыр илъэс 30-м щIигъуа, Псыкуэд къуажэм щыщ щIалэр «Спартак-Налшыкым» къызэрыхыхьэрэ зэман куэд дэмыкIами, ар псынщIэу гупым хэзэгъащ,  футболеплъхэм  ягу дыхьэн джэгукIи щIэх дыдэу къигъэлъэгъуэн щIидзащ. Абы и щыхьэтщ мы зэIущIэм тIэунейрэ къызэрыщыхэжаныкIар.

 

Жыласэ Замир.
Поделиться: