Хэти мэхэбзэусэ, хэти мэхэбзауэ![]() Аргуэжь – цІыху зэхуэсыпІэ. Бэдадэ – дэ хьэжа. Шхынхэлъхьэу зэрахьэу щытащ, нэхъыбэм шыпс щащІкІи халъхьэрт. Бешкъэзакъхьэблэм и нэхъыжьхэм нобэми жаІэж я анэшхуэхэм дэшыпс ящІу зэрыщытар. Дэшыпсыр шхыныгъуэ лІэужьыгъуэу нобэ къыщызэтенар шапсыгъхэм я дежщ. Гуэгуэн ныбэф – гуэгуэн лІэужьыгъуэщ, и Іур бгъузэрэ и кур ину. Бешкъэзакъхьэблэм 1940 гъэхэм пщІондэ зэрахьащ. ГублыцI І – къамылылъэ. ГублыцІ ІІ – гъужа хьэзыру къэкIыгъэ щыкI, щыбэ шэдылъэ. Дэкурэ – дэ ущыкъуея. Зэбын – унагъуэм щыщ гуэр зыІэщІэукІам хуигъэгъурэ бын хьэкъкІэ ар зыфІэкІуэда анэм щищтэжкІэ, щхьэхуимыту лІыукІ хъуар а анэм зэрыхущытым апхуэдэу йоджэ. «Зэбын зэхуэхъуащи, къилъхуари ІэщІэмыхуауэ пІэрэ жыпІэну зэхущытым», жаІэ. ЗэщIасэ – къэзыщIэ щымыIэу щэхуу зэкIэлъыкIуэ, зи яку щIасэ щэху дэлъ цIыхуитI. И цеикIэ къуащIэр гъуэнэн – сыт къыхэхъуэми зыми имыщхьэпэу зыфIэкIуэдыжым, кърихьэлIэр зэмыхъулIэм щхьэкIэ и цеикIэ къуащIэр гъуанэщ, жаIэ. КурэпцІырэ – къыпцІэ гъэгъупцІа, мыгъуа-мыцІынэу щыту. Къэбыхъу матэ – къэб жылэращ, дэкурэм халъхьэу щытащ. Къуажэдэс – пхыдзауэ псэу, зи псэукІэрэ зи щытыкІэ хэхарэ зиІэж хьэблэм щхьэкІэ жаІэ. ЛампІэжьыкъуэ дэсхэм нобэр къыздэсым апхуэдэу йоджэ. КъуэтІыхь – лъагапІэхэм, быдапІэхэм я хъуреягъкІэ щызэтетхъуа шытхым аращ зэреджэр. Къулкъэш – пщым ІэщІэкІыу хыхьэжа унэІут. ХьэтІохъущыкъуейхэм псалъэр «къулъкъэшгъэн»-у къапсэлъ. Кхъаблэпэрыжэ – еплъ хьэдэпэрыкІуэм. Кхъуауэ – псыкъуийм псыр кърырахыу джэрэзу щхьэщыт пкъожьейм хьэтІохъущыкъуейхэр зэреджэр аращ. Кхъужьымэ – кхъужь гъэгъуа. Нэхъыбэрэ зэхэпхынур «кхъужьомэ» къэпсэлъыкІэращ. КІэщэфэщэн – Іэбэнлъэбэн. ЛашкІэ – ІэкІэ япІу, къыщалъхум зи анэр зыфІэкІуэда шкІащІэм щхьэкІэ жаІэ. Лэмастэ – мастэ лІэужьыгъуэщ, и Іуданэ иупІэр ину. МафІэстхъу – дэп жьэражьэ. Мэчэхъан, Мэчэр – КъурIэн Iыхьлы хъуну зыхуэхъуапсэ, дин щIэныгъэкIэ зыхуэупсэ хъыджэбз цIыкIухэм апхуэдэцIэ фIащу щытащ. Ныр – сабиибзэм щыщщ, бгъуэнщІагъым щхьэкІэ жаІэ. Щоджэнхьэблэм зэрахьэ псалъэщ. Пщыдадэкъуэ хъуам нэхъей – зыкъызыфIэщIыжа щIалэжь цIыкIум щхьэкIэ гушыIэу нэхъыжьхэм къапсэлъ. ПІыргъыш – зыми щымыщ, мыхьэнэншэ. Санащхьэ гъэгъуа – чыщмыщ. Бешкъэзакъхьэблэм щыщ цІыхубз нэхъыжьхэм ноби жаІэу урихьэлІэнущ. Тахътыр – шууейм и куафэр уанэм тримыхын щхьэкІэ абы кІэращІэу щыта фэ бгъуэшхуэм аращ зэреджэр. ТІарыкъуэ – бжыхь. Къалэдэсым я псалъэщ. ТхъущIэж – тхъу цIынэр щагъэвэжкIэ, къыкIэщIэнэ вэжахуэм щхьэкIэ аращ жаIэр. «Тхъувэжахуэ» псалъэри зэрахьэ. УэскІапщІэ хэтын – махуэ псом емыкІуэлІэжу уэскІэ щызэдэджэгум деж апхуэдэу жаІэ. ЕджапIэм къыщыгува е IуэхутхьэбзащIэ ягъэкIуауэ щIэх къэмысыжа сабийм щхьэкIэ «Узыхэтар уэскIапщIэ, дэнэ ущыкІуэдар?» жаIэ. Уэстыку – уэсыр щатхъукІэ, дэнэ лъэныкъуэкІи къыщратхъулІэу ягъэнахуэ щІыпІэ. ФаІэ – узыфэ лІэужьыгъуэщ, щІыфэм ІэпапІэ-ІэпапІэурэ хужьыгъэ къытридзэм аращ зэреджэр. Фотэгъэгъу – пхъэщхьэмыщхьэ гъэгъуа зэмылІэужьыгъуэ зыкъом цІыкІу-цІыкІуу зэхэупщІатэрэ фокІэ зэІахыжмэ, аращ зэреджэр. ФIыцIэру – фIыцIабзэ, фIыцIэ дыдэ. Хабзауэ – цІыхум къызэдащта унафэм емыувалІэу зыукъум, ебакъуэм щхьэкІэ апхуэдэу жаІэ. Хэбзэуэн – жылэм къызэдащта унафэр щаукъуэм, щакъутэм деж «хэбзэуащ» жаІэ. «Хэти мэхэбзэусэ, хэти мэхэбзауэ», – жаIэ нэхъыжьхэм. Хьэдагъэ тIэкIу – дунейм ехыжам кІыхьу бгъэдэсыну ар зыщІэлъ унэм щІыхьэ цІыхухъу гупым щхьэкІэ «хьэдагъэ тІэкІу ящІыну щІыхьащ» жаІэу псэлъафэ щыІэщ. Хьэдагъэ тІэкІу зыщІыр шэнт цІыкІу тесу хьэдэм щхьэщысщ. Хьэдагъэ удж – игъуэнэмысу дунейм ехыжахэм я хьэдащхьэм къеуджэкIыу щытащ адыгэр пасэм. Мыбы и хъыбарыр мыпхуэдэм иращІэкІащ жаІэу куэдрэ Щоджэнхьэблэм къаІуэтэжу зэхэпхынущ. Абы къыщхьэщыкІыу ХьэтІохъущыкъуейхэм «Удж епщIэкI хъунущ, и уэредадэщ» жаІэу нэгъуэщІ жыІэгъуэ яІэщ. Хьэдагъэ шхын – гуIэ шхыни жаІэ. Гуауэ зиIэ унагъуэм исхэр, къадинауэ къабгъэдэсхэр гъунэгъухэм ягъашхэу щытащ. Унащхьэ чэзукIэрэ махуибл ирикъуху апхуэдэу ящIэрт. Жьэрымэр махуибл нэужьращ ягъэун щыщІадзэу щытар, къакІуэ-накІуэр зэпыууэ унагъуэр и Iуэху хыхьэжа нэужь. Хьэдэпхыж – хьэдэр шыкхъаблэ ящIу зейм щыхуашэжым деж, къызэрашэжа щІыкІэм елъытауэ, апхуэдэу жаІэрт. Зы нэхърэ нэхъыбэмэ, шыкхъаблэ зеуалэм пхъашэу имыгъэсысын щхьэкIэ, хьэдэр зыкIуэцIылъ щIакIуэр зэрапхырт. Аращ хьэдэпхыж жыхуаІэр. ХьэдэпэрыкIуэ – кхъаблэм телъу дахым ипэ къиувэм щхьэкІэ жаІэ. Адыгэм ягъэдахэу щытакъым, «ХьэдэпэрыкІуэ фымыхъу, хьэдэпсэр зэхэзежэ фощІ», жаІэрт. Хьэжрэт хьэдэ – зыщыщыр ямыцIыхуу, къыздикIар ямыщIэу, зи хэтыр яхузэхэмыгъэкIауэ щIыпIэ зэгъуэкIхэм, губгъуэхэм къыщагъуэта тхьэмыщкIэм арат зэреджэр. Къыщагъуэта щIыпIэм щыщIалъхьэу щытащ, и кIуапIэ зыщIэу щытахэр къежьэмэ, зыгуэрурэ зэхагъэкIынщ, жьуджалэрэ пэт мэхашэ, жаIэрти. ХьэкIырэ – къуэрылъхухэм ящыщу нэхъыщIэ дыдэм адэшхуэр зэреджэ. ХьэкIэ-хукIэ – бзаджагъэ-хьилэшагъэ хэлъу зи сэфэтым икI, зи щытыкIэм текI, зы щIыкIэм ебакъуэм хужаIэ. Хьэкхъужьэ – хьэкум пэралъхьэу ягъажьэ кхъужь. Тебэм илъу ягъажьэ кхъужьыр плъыжь дахэ хъуа нэужь, фом халъхьэрти, яшхырт. Дэкурэ хэлъуи яшхырт.
Поделиться:
Читать также:
09.06.2023 - 12:16 →
Анэ дэлъху
09.06.2023 - 12:11 →
Мывэбру
07.06.2023 - 17:31 →
Закъуэныгъэм епха гупсысэ
26.05.2023 - 13:05 →
ЩакIуэм и щэху
24.05.2023 - 15:15 →
Таурыхъым и къарур
|