ЩIыналъэм и школакIуэхэр зэпоуэ

Аруан районым мы махуэхэм щекIуэкIащ «Спортыр наркотикхэм я бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэт зэхьэзэхуэ зыбжанэ.
Псыгуэнсу къуажэм щыIащ боксымкIэ ныбжьыщIэхэм я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ районым щыщ спортсмен 50-м щIигъу. А зэпеуэм къыдэкIуэу Нарткъалэ дэт Ерчэн Темболэт и цIэр зезыхьэ физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексым къыщызэрагъэпэщащ волейболымкIэ, псы есынымкIэ, дзюдомрэ шахматхэмкIэ зэпеуэхэр. 20I0-20II гъэхэм къалъхуахэм «Химик» стадионым футбол зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ.
Спорт зэхыхьэхэм хэтащ районым и курыт еджапIэхэм щеджэ сабийхэр. ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIамрэ грамотэхэмкIэ, кубокхэмкIэ, медалхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмкIэ ягъэпэжащ.
Иджырей Iуэхугъуэхэр къызэрагъэпэщащ «Аруан муниципальнэ районым наркотикхэр зэхьэлIэнымрэ ахэр хабзэм темыту зегъэкIуэнымрэ пэщIэтыным хуэунэтIа Iэмалхэм» программэм къызэщIиубыдэу.

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: