КъохъулIэнур пщIэнукъым

Зэшищ псэурти, выгу зырыз яIэт. Выгу яIэ щхьэкIэ, щIащIэн яIэтэкъыми, къралэжь щыIэтэкъым, къелъэIуIамэ, ират фIэкIа. Зэшищым я нэхъыщIэр къэгубжьри, и выгур игъэсыжащ. ФIамыщIыр къэпым ирикIутэщ, и плIэм ирилъхьэри, щIалэр ежьащ. Гъуэгу тетурэ, зы жылэ дыхьэри, япэ зрихьэлIа унагъуэм ихьащ щIалэр. ЩIалэм Iэнэ къыхуащтащ. ХьэщIэр шха нэужь, хьэщIэщым зы пщащэ щIыхьащ, Iэнэр щIихыжын хуейти. 
– ДахэкIей, – жиIащ щIалэм, – жэщыр фи хьэщIэщым щисх хъунукъым – Iуэху пIэщIэгъуэ къыспоплъэ. Мы къэпыр хьэщIэщым къызонэ. Къэпыщхьэр фымытIатэ – фыхущIегъуэжынщ: къэпым илъым феплъ хъунукъым. Пщэдей къытезгъэзэнщи, къэпыр щIэсхыжынщ. 
Ар жери, щIалэр хьэщIэщым икIыжащ. Пщащэр къытреч: «сыт мы щIалэ хьэщIэм тщибзыщIыр?» – жери. И нысэм деж жэри, къэпым и гугъу хуищIащ. 
– Къэпыщхьэр дыгъэтIати, илъым дегъэплъ, – жиIащ пщащэм. 
– Сэ хьэщIэщым сихьэ хъунукъым – хабзэкъым, – идакъым нысэм. 
Пщащэм хуэшэчакъым: жэри къэпыщхьэр итIэтащ, иплъэмэ – фIамыщIщ. 
Къэпыщхьэр тIэтауэ къигъанэри, пщащэр щIэпхъуэжащ: «Телъыджэ си гугъати!» – жери. 
ЩIалэм лъэныкъуэ зригъэзри, мэзым щIэсати, етIуанэ махуэм хьэщIэщым къихьэжащ. Къихьэжмэ – къэпыщхьэр тIэтащ. ПщIантIэм дыхьэри, утыкум иуващ щIалэр. 
– Къэпыщхьэр фымытIатэ жысIатэкъэ! Къэпым фиплъэри, си дыщэр фIамыщI фщIащ. Къэпым илъам хуэдиз дыщэ къызэвмытыжмэ, бэлыхь фыхэздзэнщ, жылэм фахэзгъэIуэнщ: зи хьэщIэ едыгъуэж щыIэ! – япиу- быдащ щIалэм. 
– Дыщэ къэп дэнэ къитхын? – гузэващ унагъуэр. – СыткIэ арэзы ухъун? Дыщэ къытпумыубыд закъуэ, сытри пхуэтщIэнщ, – къыжраIащ щIалэм. 
– Дыщэ фимыIэмэ, къэпыщхьэр зытIэтар къызэфт, – ядэгушыIащ щIалэр. 
ЩIалэ нэутхэр ягу ирихьащ унагъуэм. Къэпыщхьэр зытIэтар япхъурати, пIалъэ къратри къаутIыпщыжащ щIалэр, пIалъэр къэсри, щIалэм пщащэр къишащ. 
 Пщащэ дахэкIейр я пщIантIэ щыдишэм, щIалэм и къуэшитIыр къыпежьащ: «Дэнэ къипха мы тхьэIухудыр?» – жари. 
– ТхьэIухуд фыхуеймэ, щхьэж и выгу вгъэсыжи, фежьэ: мы пщащэр фIамыщIкIэ къэсхъуэжащ, – жиIащ я шынэхъыщIэм. ЗэшитIым я выгухэр ягъэсыжри, зэрехьэжьащ, фIамыщI къэп зырыз я плIэм иралъхьэри. 
Зэрехьэжьа щхьэкIэ, тхьэIухуд фIамыщIкIэ къезыхъуэжын ягъуэтакъым, я пэр къыпылэлу къагъэзэжащ. 
 

 

Къэрмокъуэ Хьэмид.
Поделиться:

Читать также: