Мывэ хъурей бгъажэмэ

 «Нэмыцэ толъкъун» («Дойче велле») радиор 1962 гъэм СССР-м къыщызэIухауэ щытащ. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 60 ирикъун хуея хъыбарыбэ IэнатIэр урысей хабзэкIэ иджыблагъэ лэжьыгъэм къыпэрашащ.
 Урысейм НэгъуэщI къэрал IуэхухэмкIэ и министерствэм мазаем и 3-м хэIущIыIу щащIащ «Дойче велле»-м и хуитыныгъэ псори зэрытрачыжыр, езы IуэхущIапIэр дяпэкIэ хамэкъэрал агенту къызэрылъытэнур. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар мазэ зыбжанэ ипэкIэ урысей хъыбархэр дунейм щызэбгрызытыкI «Урысейр – нобэ» агенствэм и нэмыцэ къудамэ ФРГ-м къыщызэIухыну хуит зэрамыщIарщ.
 «Дойче велле»-р «Урысейр-нобэ»-м щIеплъытын щыIэкъым, - зэрогъэкIие нэмыцэ IуэхущIапIэр зыгъэлажьэхэр. – Дэ ди IэщIагъэлIхэр илъэс бжыгъэ хъуауэ щолажьэ Урысейм. «Урысейр-нобэ»-м дэфтэр гуэрхэм хуэчэмти, аращ лэжьэну хуит щIамыщIар».
 «Дойче велле»-р къэрал IуэхущIапIэу щыткъым, «Урысейр-нобэ»-м хуэбгъэдэн хуэдэу, - ядожьу абыхэм бундестагым и лIыкIуэ Ламбсдорф Александр. – Абы и хъыбархэр нэфI-ней хэмылъу, зыми и лъэныкъуэ къимыщтэу къет».
 «Дойче велле»-р Мэзкуу щимыгъэлажьэ щхьэкIэ, дэ Урысейм щекIуэкIым дытепсэлъыхьын щыдгъэтынукъым, - жиIэн иIэщ езы «Дойче велле»-м и унафэщI Лимбург Петери.
 Нэмыцэхэм я акъылэгъущ вашингтон тетыгъуэр. США-м и правительствэм и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI Прайс Нед зэрыжиIэмкIэ, «Урысейм прессэ щхьэхуитыр декъузэ».
 ФРГ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм Путин Владимир зыкъыхуагъэзащ и унафэр икъутэжыну къелъэIуу. «Ар прессэм и хуитыныгъэм емызэгъ Iуэхущ», - къыхуатх урысей Президентым.
 ЩIышылэм и 18-м ФРГ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министр Бербок Анналенэ Урысейм къыщыкIуам щыгъуэ, щыгъуазэ ящIащ «Урысейр нобэ» IуэхущIапIэм «Дойче велле»-м къудамэ къыщрамытынумэ, Урысейм щылажьэ «Нэмыцэ толъкуным» ардыдэр зэрыращIэнур. Германием зыщимыгъэхъейм, Урысейм жыхуиIар ищIащ.
 Урысейм щылажьэ DW-м и лэжьакIуэ 19-м щыщу 16-р урысщ. Адрей щыр, лэжьыгъэм епха унафэхэр щхьэщахыжми, зыми къэралым икIыну хигъэзыхьынукъым, - жиIащ МИД-м и лIыкIуэ Захарова Марие Iуэхум щытепсэлъыхьым.

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: