Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр и пIалъэр къэмысу хэгъэкIыным и IуэхукIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и положенэм и 5.1 пунктым и 2-нэ пункт лъабжьэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым унафэ ещI:

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм Мэшыкъуэ Инал Анзор и къуэмрэ Кулиев Даниял Ахъмэт и къуэмрэ и пIалъэр къэмысу хэгъэкIын.

2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ комитетым къызэригъэпэщын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм щIэуэ хагъэхьэнухэр къыхахыну.

3. Мы Унафэм къару егъуэт къыщащта махуэм щегъэжьауэ.

 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и УнафэщI            ЕГОРОВЭ Татьянэ

Налшык къалэ

2022 гъэм гъатхэпэм и 2-м

№476-П-П

Поделиться: