Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

«Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр 
илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалым ­хэзыгъэгъуазэ тхыгъэм, ­Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мазаем и 14-м къыдигъэкIа Указ №14-УГ-м, 
зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным теухуауэ 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ 

1. «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалым хэзыгъэгъуазэ тхыгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2022 гъэм мазаем и 14-м къыдигъэкIа Указ №14-УГ-м, мыпхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэ­лъхьэн:
а) япэ абзацыр мыпхуэдэу къэхьын:
 «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 ирокъу» фэеплъ медалыр (адэкIэ - фэеплъ медалыр) IыхьитIу зэ­хэлъщ - хъурей теплъэ иIэрэ и диаметрыр мм 32-рэ хъууэ лъэныкъуитIымкIи зи бгъур къипща медалрэ мм 29 х 25 зи инагъ (и лъабжьэри хэту) фIэдзапIэу. Медалым дыщафэ тегъэлъэдащ икIи латуным къыхащIыкI.» ;
б) етIуанэ, ещанэ абзацхэм къыхэгъэкIыжын «фэеплъ», «темыцIуукI» псалъэхэр;
в) етхуанэ абзацыр мыпхуэдэу къэхьын:
«Медалыр плIимэ теплъэ зиIэ фIэдзапIэм пыщIащ тхъыхьрэ хъурей цIыкIукIэ зэпхауэ. ФIэдзапIэм ибгъухэмкIэ дэха иIэщ, мм 18 зи бгъуагъ муар лентIыр кIуэцIрышарэ фIэдзапIэм и кур зэщIикъузэу. Фэеплъ медалым и лентыр зэхэтщ зэщхьэщыту ирикIуэ зэхуэдиз Iыхьищу: и щхьэр - щIыху - щхъуантIэу, и кур - хужьу, и лъабжьэр - удзыфэу.»;
г) еханэ абзацым «фIэдзапIэ» псалъэм дэщIыгъун ­«фэеплъ» псалъэр.
2. Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм 
и Iэтащхьэ         КIуэкIуэ Казбек

Налшык къалэ
2022 гъэм гъатхэпэм и 4-м
№21-УГ 

Поделиться: