Унэр къагъэщIэрэщIэжНалшык и Къэбэрдей уэрамым и теплъэр ефIакIуэ зэпытщ. Абы тет унэхэм яхэткъым тхыдэ фэеплъхэм хамыбжа куэд. Абыхэм ящыщщ сабий музыкальнэ школ № 2-нэм и унэри. 1903 гъэм къатитIу зэтету яухуа чырбыш плъыжь унэм уэрам зэхэкIыпIэм и лъэныкъуитIри зэхуэдэу къызэщIеубыдэ, езым и пасэрей архитектурэ теплъэ екIуи иIэжщ. « Щэнхабзэ » лъэпкъ проектым хиубыдэу ар зэрагъэпэщыжынущ, нобэм къэса и теплъэри яхъуэжынукъым. Пэшхэр зэхагъэхьэжурэ нэхъ ин ящIынущ, унэ лъэгухэр зэрахъуэкIынущ. Унащхьэр, унэ лъэгухэр къызэрагъэплъ пкъыгъуэхэр, ток кIапсэхэр, псыр зэрыщIашэ, къызэрыщIашыж бжьамийхэр яхъуэжынущ. Апхуэдэу ягъэувынущ видео, мафIэсым щызыхъумэ Iэмалыр. Лэжьыгъэ псори илъэсым и кIэм зэфIагъэкIыну я мурадщ.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




