Мылылъэ уардэунэм и лъабжьэр ягъэтIылъ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, псом хуэмыдэу Налшык къалэ иужьрей илъэсхэм гулъытэшхуэ щегъуэт спорт ухуэныгъэхэм. Республикэм и щIыналъэхэм, къалащхьэм физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплекс куэд къыщызэIуах, цIыхубэр гъащIэ узыншэм хуокIуэ. Апхуэдэ ухуэныгъэхэм ящыщ зыщ мы махуэхэм Налшык зи лъабжьэр щагъэтIылъа мылылъэ уардэунэр.
Сабий-щIалэгъуалэ спорт ухуэныгъэшхуэр щызэфIагъэувэну я мурадщ Налшык ЕтIуанэ Тамань дивизием и цIэр зезыхьэ уэрамым. ЩIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэмрэ лъэрыжэкIэ къыщажыхь IэрыщI мылылъэмрэ яхуэгъэпса физкультурэ-узыншагъэр щрагъэфIакIуэ комплексыр хуэщIащ зэуэ зыгъэсэныгъэхэр щезыгъэкIуэкIын спортсмен 77-мрэ зэхьэзэхуэхэм елъын цIыху 317-мрэ.    Метр зэбгъузэнатIэ мини 4 къызэщIэзыубыдэ къатитIу зэтет ухуэныгъэм хэтынущ администрацэр, спорт инвентархэм папщIэ пэшхэр, спортсменхэм зыщахуапэхэр. «Демографие» лъэпкъ проектым хыхьэ «Спортыр – гъащIэм и мардэщ» федеральнэ  проектым ипкъ иткIэ яхуэну кърагъэжьа ФОК-м и ухуэныгъэр 2023 гъэм зэфIагъэкIыну я мурадщ.
Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Урысей БаскетболымкIэ и федерацэм ПСБ-банкым къыдиIыгъыу  ФОК-м пэмыжыжьэу щаухуэнущ иджырей мардэхэм тет, офицальнэ зэIущIэхэр щебгъэкIуэкI хъун баскетбол утыку. Метр зэбгъузэнатIэ мини 4-м зыхухахыну утыкур гъуэгукIэ пащIэнущ республикэ зэхьэзэхуэ куэд щекIуэкI  «ДыгъафIэ къалэм» и топджэгу губгъуэм.
ИщхьэкIэ къэдгъэлъэгъуа спорт ухуэныгъэхэм пэмыжыжьэу 2023 гъэм къыщызэфIагъэувэну я мурадщ  регби джэгупIэ губгъуэр. Зыгъэсэныгъэхэр щрагъэкIуэкIын щIыпIэ зэрамыIэм къыхэкIыу абыкIэ лъэIуащ урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щыджэгу икIи увыпIэ лъагэхэр щызыубыд регбимкIэ республикэм и командэр. А илъэсым ирихьэлIэу щIадзэнущ «Тритон» сабий спорт-нэгузегъэужь центрым и ухуэныгъэми. Абы хэтынущ атракционхэр зэрытыну сабий хадэр, зыщагъасэ «IэщIагъэхэм я хадэр», концерт гъэлъэгъуапIэр.

Къэхъун Бэч.
Поделиться: