Снайпер цIэрыIуэм и фэеплъ зэхьэзэхуэТехник ныбжьыщIэхэм я станцым, Нало Залым и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэтым, щекIуэкIащ пневмат фочымкIэ нэщанэ еуэнымкIэ Аруан районым и зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIащ Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызэрихьэу хэта Жамборэ Щэуал. Абы и фэеплъ зэхьэзэхуэм хэтащ Аруан районым и курыт еджапIэхэм щIэсхэр. Зэпеуэр къызэрагъэпэщащ Жамборэм и фэеплъыр тхыдэм къыхэнэн, дзэ-прикладной спорт лIэужьыгъуэхэм зегъэужьын, ныбжьыщIэр хэкупсэу къэгъэтэджын мурадкIэ. Ахэр хуэунэтIащ школакIуэхэм хэкум и тхыдэр яджынымрэ нэмыцэ фашистхэм япэщIэту цIыхубэм къагъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэмрэ яхуэIуэтэнымрэ. КъищынэмыщIауэ, зэхьэзэхуэхэр сэбэп хуэхъунущ спортсмен зэчиифIэхэр къыхэшынымрэ абыхэм щIэгъэгъуэн егъэгъуэтынымрэ. Дзэ къулыкъум къыдэкIуэтей ныбжьыщIэхэр хуэгъэхьэзырыным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэщ мыпхуэдэ зэхыхьэхэр.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|