ПсыщIэгъэлъадэм и махуэ![]() Мыр, мэкъуауэгъуэм и япэ тхьэмахуэ махуэм хуэзэу, ди къэралым гъэ къэс щагъэлъапIэ мэкъумэшым пыщIа, абы зи гуащIэ езыхьэлIэ псоми. Апхуэдэхэм ящыщщ, зэрыгурыIуэгъуэщи, агрономхэр, инженерхэр, щIым епха IуэхущIапIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я унафэщIхэр, абыхэм щылажьэ цIыху къызэрыгуэкIхэр. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым 1976 гъэм накъыгъэм и 24-м къищта унафэщ мыр. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм ар тIэкIу яIэпыхуж хуэдэу хъуами, УФ-м и Президентым 2000 гъэм къищта унафэм ипкъ иткIэ а махуэм кърагъэгъэзэжащ. Зи гугъу тщIы IэщIагъэр зезыхьэхэм я къалэнщ щIыгулъым и фIагъэм кIэрамыгъэхуу, гъавэу къыщрахьэлIэжым къит хъерым хагъэхъуэнымкIэ Iэмалу яIэхэр хузэщIэгъэуIуэныр, Iэмэпсымэу къагъэсэбэпхэр ягъэзащIэ лэжьыгъэм хуэхьэзыру сытым дежи щыгъэтыныр, уэмрэ псыдзэмрэ хьэсэхэр щахъумэныр. ПсыщIэгъэлъадэм и махуэр езыхэм ейуэ къалъытэ мэкъумэшым пыщIа IэщIагъэхэм щыхуагъэхьэзыр еджапIэхэм щIэсхэми, абыхэм я гъэсакIуэхэми, щIым щIэгъэхуэбжьауэ щелэжь щIыпIэхэм щыIэ къуажэхэми. Зи гуащIэдэкIыр мэкъумэшым тезухуа жылэдэсхэмрэ абыхэм я благъэхэмрэ а махуэм щызэхуос губгъуэ нэз жыг щIагъхэм, псы Iуфэхэм, лъэгъупIэмпIэу щызэфIащIэхэмкIэ яупщIэфI шхыныгъуэхэр зытралъхьэ Iэнэхэм хъуэхъу щыжаIэ, загъэпсэху.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 14:00 →
Iуэху цIыкIуфэкIукъым
27.03.2026 - 14:47 →
Жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ
26.03.2026 - 15:54 →
ТкIуаткIуэ телъыджэу псэхэлъхьэж
16.03.2026 - 15:02 →
Псыежэххэр
14.03.2026 - 15:13 →
Ерокъуэ къуажэм и Iэхэлъахэм
| ||





