Дыщэ мыIэрысэ

Осетин таурыхъ
  МыIэрысей телъыджэ яIэт нартхэм. Узэримыгъэплъу нэр тепщIыпщIэрт жыг уардэм. Зэрыдахэм имызакъуэу мыIэрысейм зы дыщэ мыIэрысэ махуэм къыпыкIэрт. Ар зыIухуа сымаджэр хъужырт, сыт хуэдэ уIэгъэри напIэзыпIэм игъэкIыжырт, лIэныгъэр IуигъэкIуэтыфыртэкъым армыхъу, уз псоми пэлъэщырт. Жыгым и щхьэкIэ дыдэм пыт мыIэрысэр махуэ псом дыгъэм зыхуигъафIэу пыхъухьырт. Еуэщ аби, мыIэрысэм и хъыбар зэхэзыха гуэр къеуасэри, жэщ къэс идыгъун щIидзащ. Нартхэр зэхэзещхъуэн хъуауэ, мыIэрысейр гъуэрыгъуэурэ яхъумэрт. Яхъумэ щхьэкIэ, дыгъур къахуэубыдыртэкъыми, пхъэщхьэмыщхьэ телъыджэм хэкIыжырт. Уэрхъугу лIыжьым и чэзур къыщысым и къуэ зэтIолъхуэныкъуэхэу Ахъсырэрэ Ахъсэртэджрэ яжриIащ: 
- Си щIалэхэ, дыщэ мыIэрысэр сакъыу фхъумэ. Нартхэр фэращ зыщыгугъыр. ДыкъэвгъэщIэхъумэ, къызжиIакъым жывмыIэж, нарт лъэпкъищ ди унэ щызэхуэсу зым и щхьэр, адрейм и IитIыр паупщIыну я мурадщ. Си жьы хъугъуэм дэIэпыкъуэгъуншэу унэм сыкъыщIэвмынэ. 
  - Умыгузавэ, ди адэ, укъэдгъэукIытэнкъым, нартхэм я мыIэрысэри яхуэтхъумэнщи, дыгъури къэдубыдынщ, - къыжраIащ абы и къуэхэм.
  - СощIэ фыкъызэримыкIуэтынур, ауэ фэр щхьэкIэ хуабжьу согузавэ. МыIэрысэр фхуэмыхъумэм – дызэхуэзэжынукъым, – жиIащ лIыжь тхьэмыщкIэм и макъыр кIэзызу. 
Щыхь бжьакъуэкIэ къэхухьат нартхэм я пхъэщхьэмыщхьэ хадэр. А бжыхьыр апхуэдизкIэ лъагэти, бзухэри щхьэпрылъэтыфыртэкъым. ЗэкъуэшитIыр мыIэрысей телъыджэм и щIагъым щIэтIысхьэри пщыхьэщхьэшхэ ящIащ, итIанэ къуэш нэхъыщIэм нэхъыжьым жриIащ:
-Чэзуурэ тхъумэнщ мыIэрысэр. Уэ гъуэлъи жэщ ныкъуэ хъухукIэ жей, сэ сыплъырынщ, итIанэ уэ укъэзгъэушынщ.
АбыкIэ зэгурыIуэри Ахъсырэр жеящ. Жэщ ныкъуэ щыхъум къэушри, и къуэшым гузавэу зыхуигъэзащ:
-Тхьэм щхьэкIэ къысхуэгъэгъу си шы нэхъыщIэ, сыхэжея сфIощI…
- Жэщ ныкъуэ хъуакъым, жей иджыри, - жиIащ Ахъсэртэдж.
Модрейри жейбащхъуэти, и къуэшым жиIэр и фIэщ хъури, жейм пищэжащ.
  Ахъсэртэдж сакъыу, шабзэмрэ шабзэшэмрэ хьэзыру иIыгъыу йожьэ дыгъуакIуэм. Арати, нэхутхьэху къыщищIым бзу гуэр хадэм къилъэтауэ къыщыхъуащ щIалэм. МыIэрысеймкIэ дэплъеймэ, тхьэрыкъуэ цIыкIу къелъагъу. Абы мыIэрысэр къыпича къудейуэ, щIалэм и шабзэр иутIыпщщ, тхьэрыкъуэм и дамэм техуэри, дамэпэр пиудащ. Езы тхьэмыщкIэ цIыкIум лъыр къыпыжу кIуэ пэтми нэхъ лъахъшэ хъууэрэ Iулъэтыжащ. Къарууншэ хъуа цIыкIум мыIэрысэр къыIэпыхури, щIым техуэжащ. Абдеж щIалэм и къуэшыр къигъэушащ.
- Плъагъурэ мы лъы ткIуэпсхэр?- жреIэ абы. - МыIэрысэр зыдыгъу тхьэрыкъуэм сытехуащ. Езыр лъэтэжащ, ауэ и дамэ ныкъуэр къыпызудащ. Мы лъы ткIуэпсхэм я лъагъуэм сытету сыкIуэнурэ къэзгъуэтынущ тхьэрыкъуэм и псэупIэр. Уэ сыт къызжепIэн, си къуэш?
- УздэкIуэм сынэкIуэнущ, - жиIащ Ахъсырэм.
Арати, зэкъуэшитIыр ежьащ. Куэдрэ кIуа, мащIэрэ кIуа, сытми щIалитIым гу лъатащ лъагъуэр хы Iуфэм деж къызэрыщыувыIэм.
- Сыщымыуэмэ, лъагъуэр псы лъабжьэм макIуэ, - жиIащ Ахъсырэм.
Арати Асхъэртэдж мурад ещI псы лъабжьэм есыхыу Iуэхур зытетыр зригъэщIэну. 
- Уэ ди адэм деж гъэзэж, сэ тхьэрыкъуэр къэзмыгъуэту псэху сиIэнукъым. Ди адэр жьы хъуащ, и закъуэ унэ нэщIым къыщIэднэмэ, лей къытехьэнщ. КъызэдаIуи, гъэзэж!
АбыкIэ арэзы зэдэхъури, Ахъсэртэдж псым хыхьащ. 
Плъэмэ, телъыджэщ илъагъур. ЗэщIэпщIыпщIэу уардэ унэ хэтщ псы щIагъым. Абы и блынхэр налъкъутналмэсым къыхэщIыкIащ, и лъэгур мывэ щхъуэшкIэ къищIыкIащ. Ахъсэртэдж тегушхуэу унэ бжэщхьэIум щебакъуэм елъагъу: зэкъуэшибл щысщ, я кум хур хъыджэбзу я шыпхъу тхьэIухудитIыр дэсу.
Дыщэ зэрылэ хуэдэ хъыджэбзхэм я щхьэц кIыхьышхуэхэр зэпылыдыкIырт.
 - Фи махуэ фIыуэ! ФIыгъуэр зи унэм имыкIынхэ! – жиIащ Ахъсэртэдж.
- МахуэфI Тхьэм къуит! Къеблагъэ, щIалэфI! - къыжраIащ абы зэкъуэшхэм зыжьэу.
Ахэр къэтэджри хьэщIэр ягъэтIысащ. Нэхъыжьищыр зы лъэныкъуэкIэ, адрей нэхъыщIиплIыр нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ къетIысэхыжащ.
  -Уэ пхуэдэ хьэщIэ ди унэ зэи къихьакъым, къихьэнууи къыщIэкIынкъым. ДыщыгуфIыкIын хуейт укъызэрыкIуам, ауэ дощыгъуэри, ди Iуэхукъым. 
- Тхьэм фи гуауэр IэтыгъуафIэ фщищI! Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ къыфлъысар?
- Дэ дащыгуфIыкIрэ защыдмыгъэнщIу шыпхъуищ диIат. Ди шыпхъу цIыкIу Дзерассэ нартхэм я хадэм еуасэри, абы теунэхъуащ. Абыхэм я мыIэрысейм махуэ къэс зы мыIэрысэ щыхъурти, ди шыпхъум жэщкIэ тхьэрыкъуэ зищIурэ ар нартхэм къафIидыгъурт. Мызэ - мытIэу жетIащ нарт лIыхъужьхэм апхуэдэ епщIэ зэрымыхъунур, ауэ къыдэдэIуакъым. Я къамэ жанхэмкIэ Тхьэм зэригъэукIыж а жэщым плъыра зэкъуэшхэу Ахъсырэрэ Ахъсэртэджрэ. Ахэращ ди шыпхъу тхьэмыщкIэр зыIэщIэукIар, - жаIащ зэкъуэшхэм.
- Хэт щэIур? – хуэмышэчу щIэупщIащ хьэщIэр.
 - Зи гугъу пхуэтщIа ди шыпхъурщ…
- Сэбэп узэрыхуэхъуфын Iэмал щымыIэр пэж тIэ абы?- къэгузэващ Ахъсэртэдж.
  - Шэч хэмылъу, щыIэщ. Абы и дамэ гуэудар зыпытам деж гуэплъхьэжрэ мыIэрысэ телъыджэм щыщ Iубгъахуэмэ, хъужынут, арыншамэ, ди шыпхъум дыпыкIащ. 
- Фи шыпхъур къезыгъэлыр сыткIэ вгъэфIэжынт? – щIоупщIэ хьэщIэр.
  - Ди шыпхъур щхьэгъусэу еттынт. Ар ажалым къыIэщIэзыхырщ и насып зыхэлъыр.
- Сэ Уэрхъугу срикъуэщ, си цIэр Ахъсэртэджщ. Фи шыпхъур сэращ уIэгъэ зыщIари, сэ згъэхъужынщ ар. Къысхуэфшэ мыдэ. 
- Ди шыпхъур сымаджэ хьэлъэщи къыщIэкIыфынукъым, уэ езыр ебакъуэ абы и бжэщхьэIу, - къэгуфIэжауэ жаIащ зэкъуэшхэм. 
  ЩIалэр хъыджэбзым и пэшым щIэбакъуэмэ, елъагъу пIэм хэлъ тхьэIухудыр, абы и щхьэцхэр толъкъун Iэсэу щIым хелъафэ. Дыгъэр щыджэгу и нэгум нур къырех. Абы и напIэр къиIэту щIалэм къызэрыIуплъэу, хуэмышэчу къэгуфIащ. И бгырыпхым дэлъ данэ щэкI кIапэр къыдихщ, абы кIуэцIышыхьа дамэ ныкъуэр къыкIуэцIихри, Дзерассэ и уIэгъэм трилъхьащ, итIанэ мыIэрысэм иригъэдзэкъащ къарууншэ дыдэ хъуа тхьэIухудыр. 
А дакъикъэм, уащхъуэдамыщхъуэу, зэрыщытам нэхърэ нэхъ дахэж хъуауэ щIалэм и пащхьэ къиуващ хъыджэбзыр.
  Абы къигъэгумэщIа зэшиблыр гуфIэри я шыпхъур, щхьэгъусэу иратащ зыгъэхъужа щIалэм. 
ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ