ТекIуэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуащI

Грознэ къалэм щекIуэкIащ IэпщэрызауэмкIэ Урысей Федерацэм и МЧС-м и чемпионат. Абы хэтащ федеральнэ щIыналъэхэм я командэ къыхэхахэр. УФ-м и МЧС-м КъБР-м щиIэ управленэ нэхъыщхьэм и пресс-IэнатIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и гуп нэхъыщхьэм хэту зэхьэзэхуэм щызэуащ ЖапIу Алберд, Тхьэкъуахъуэ Ильяс, Къущхьэ Елдар, Iэюб Залым сымэ.
Чемпионатым и хабзэхэм къызэригъэувымкIэ, зэхьэзэхуэхэр олимп щIыкIэм тету, зэ къыхагъащIэр адэкIэ хэкIыу, екIуэкIащ. Спортсменхэм зэпэщIэнытыгъэ гуащIэхэр, текIуэныгъэм зэрыхущIэкъур, тактикэ гупсысэкIэ зэраIэр къагъэлъэгъуащ.
Зи хьэлъагъыр килограмм 70-м нэблагъэхэм я зэпеуэм техникэфI дыдэ къыщигъэлъэгъуащ икIи и хьэрхуэрэгъухэм ефIэкIри дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ ЖапIу Алберд. Тхьэкъуахъуэ Ильяс килограмм 75-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я зэпэщIэтыныгъэм ещанэ щыхъуащ.
Къыхэдгъэщынщи, Алберд Iэпщэрызауэмрэ армэ IэпщэрызауэмкIэрэ спортым и мастерщ, армэ IэпщэрызауэмкIэ Урысейм и чемпионщ, зыбжанэрэ щытекIуащ икIи къыщыхэжаныкIащ урысейпсо чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ. Ильяс бэнэкIэ хуитымкIэ спортым и мастерым и кандидатщ, къэралпсо, щIыналъэ чемпионатхэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ щытекIуащ икIи медаль зэмылIэужьыгъуэхэр къыщихьащ.
Чемпионатым къыщагъэлъэгъуа зэфIэкIхэм япкъ иткIэ гуп зэпеуэм пашэныгъэр щаубыдащ Кавказ Ищхъэрэм и цIэкIэ зэуа Урысейм и МЧС-м и лэжьакIуэхэм. Дыжьынымрэ домбеякъымрэ къалъысащ Сыбыр, Урал федеральнэ щIыналъэхэм я командэ къыхэхахэм.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ ягъэпэжащ кубокхэмкIэ, медалхэмкIэ, щIыхь тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмкIэрэ.
Шэшэным и къалащхьэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм и къалэн нэхъыщхьэу щытащ Урысей и МЧС-м и къегъэлакIуэхэм я физическэ гъэхьэзырыныгъэр егъэфIэкIуэнымрэ цIыхубэм я деж гъащIэ узыншэм зыщегъэужьынымрэ.
КъэралкIуэцIыдзэхэм я капитан ЖапIу Албердрэ лейтенант нэхъыжь Тхьэкъуахъуэ Ильясрэ я къулыкъур щрахьэкI Прохладнэ къалэм дэт мафIэсгъэукIыфI-къегъэлакIуэ №4-м.

Мэзкуу Къан.
Поделиться: