«Спартак-Налшыкым» зэхьэзэхуэ гуащIэм зыхуегъэхьэзыр

ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым бадзэуэгъуэм и 24-м щрагъэжьэну зэпеуэщIэр зэрекIуэкIыну щIыкIэр иджыри къэс щыIахэм куэдкIэ къащхьэщокI. Абы ерыщу зыхуегъэхьэзыр «Спартак-Налшыкым». Хэт ищIэн, къэщIэрэщIэжыныгъэм и гъуэгум щытеувэну лъэхъэнэщIэ хъуфынущ ар.

    «Спартак-Налшыкым» и генеральнэ директор икIи и тренер нэхъыщхьэ Биджиев Хьэсэнбий иджыблагъэ дедгъэкIуэкIа псалъэмакъым къыщыхигъэщат зэхьэзэхуэ блэкIам уигу хэзыгъахъуэ зэIущIэхэри, нэхъыкIэхэри зэрыщыIар. Абыхэм дэтхэнэми щхьэусыгъуэ иIэу жиIат. ДауикI, зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм къыщахьа епщIанэ увыпIэм езыхэри арэзы къищIынкIэ Iэмал иIэтэкъым. Биджиевыцр зэреплъымкIэ, нэхъ увыпIэ лъагэхэр къахуэхьынут, гъатхэпэм щIэзыдза зэхьэзэхуэм и етIуанэ Iыхьэр нэхъыфIу ирагъэкIуэкIамэ. ЕхъулIэныгъэхэм ящыщу тренер нэхъыщхьэм къигъэлъэгъуат щIалэгъуалэр къызэрырашэлIар, джэгуну абыхэм Iэмал зэрагъуэтар. Абы къызэрилъытэмкIэ, ипэкIэ лъэбакъуэ ячащ, ауэ гъунэ зимыIэ лэжьыгъэшхуэ къапэщылъщ. Ар я гуращэу ди командэм хэтхэм зэхьэзэхуэщIэм зыхуэгъэхьэзырын щIадзащ. Зыгъэсэныгъэ лъэхъэнэм ягъэхьэзырын хуейщ, адэкIэ къалэн пыухыкIахэр зыгъэзэщIэфын гуп зэкъуэт. Хэт ищIэн, мылъкукIэ закъыщIэзыгъэкъуэн къыкъуэкIыу, япэ дивизионым зэрыхыхьэнум хущIэкъунри Iуэхум хэлъщ. Пэжщ, зэкIэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэхэр щыIэкъым.

Зызыгъэпсэхуауэ мэкъуауэгъуэм и кIэухым къызэхуэсыжа «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм зэхьэзэхуэм ерыщу зыщыхуагъэхьэзыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм. Абы ипкъ иткIэ зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэри къызэрагъэпэщ. Апхуэдэхэм я пэщIэдзэ хъуащ 2021-2022 гъэхэм етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкIа зэхьэзэхуэм щытекIуэу ищхьэкIэ дэкIуэтея Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р. Ахэр Нартсанэ (Кисловодск) щызэдэджэгуащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, Дагъыстэным и футболистхэр хэпщIыкIыу нэхъ лъэщу къыщIэкIащ икIи жэуапыншэу топищ къыхудагъэкIри налшыкдэсхэр къыхагъэщIащ. Уигу зэрыбгъэфI хъуну мы Iуэхум хэлъар мэхъэчкъалэдэсхэм ди лъахэгъу Сындыку Темыркъан зэрахэтарщ. ЗэрыфIщэщи, ар зэфIэкI хъарзынэ зиIэ «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьэхъумэ ныкъуэщ. Нэхъапэм Къэзан и «Рубин»-м абы къыщыкIэлъыплъащ, Мэзкуу и «Торпедо»-м дэщIыгъуу япэ дивизионым зыкъыщигъэлъэгъуащ. Иджы Мэхъэчкъалэ и «Динамо»-р къыщIоупщIэ.

Хьэлэмэтращи, етIуанэ дивизионым адэкIэ зэхьэзэхуэр зэрыщекIуэкIыну щIыкIэр зыкъомрэ яхуэубзыхуакъым. Иджы дыдэщ Iуэхур щызэхэкIар. Бадзэуэгъуэм и 4-м, видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къагъэсэбэпри, 2022-2023 гъэхэм етIуанэ дивизионым и календарыр пхъэидзэкIэ зэхагъэуващ. Абы къызэрикIамкIэ,  «Спартак-Налшыкым» зэпеуэр и стадионым щригъэжьэнущ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, бадзэуэгъуэм и 24-м ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ Псыхуабэ и «Мэшыкъуэ-КМВ»-р. ПIалъэм иджыри зихъуэжынкIэ хъунущ. ЕтIуанэ джэгугъуэри налшыкдэсхэм я унэм щрагъэкIуэкIынущ. Абы щыгъуэм я деж къахуэкIуэнущ япэ дивизионым къыхагъэкIагъащIэ Волгоград и «Ротор»-р. Ещанэ джэгугъуэращ ди щIалэхэр хамэ щIыпIэ щыкIуэнур: Прогрессым щыIущIэнущ щIыпIэ «Биолог-Новокубанск»-м.

Командэ пщыкIуплIщ иджы хэтынур налшыкдэсхэр зыхэхуа Япэ гупым. Ахэр «Ротор» (Волгоград), СКА (Дон Iус Ростов), «Чайка» (Песчанокопскэ), «Форте» (Таганрог), «Черноморец» (Новороссийск), «Кубань-Холдинг» (Павловскэ), «Дружба» (Мейкъуапэ), «Биолог-Новокубанск» (Прогресс), «Спартак-Налшык» (Налшык), «Машыкъуэ-КМВ» (Псыхуабэ), «Легион-Динамо» (Мэхъэчкъалэ), «Динамо» (Ставрополь), «ЕсэнтIыгу» (ЕсэнтIыгу), «Алания-2» (Владикавказ) гупхэрщ.

ЯпэщIыкIэ ахэр тIорытIэ (я унэмрэ хьэщIапIэрэ) зэдэджэгунущ. ЗэIущIэ 26-рэ дэтхэнэми иригъэкIуэкIа иужькIэ къахьа увыпIэхэм елъытауэ ахэр гупитIу ягуэшынущ гъэ къакIуэ и мэлыжьыхь (апрель) мазэм и кIэухым. Япэ увыпIихыр къэзыхьахэр адэкIэ зэрызэ зэдэджэгужынущ, зэхьэзэхуэм щытекIуар ягъэбелджылын папщIэ. Абы щыгъуэми командэхэм къахуэнэжынущ зэпеуэм и япэ Iыхьэм къыщахьа очко бжыгъэр.

Ебланэ увыпIэм къыщыщIэдзауэ илъабжьэмкIэ щыIэ адрей гупи 8-ри аргуэру зэрызэ зэдэджэгунущ, щхьэж и кIэух щытыкIэр игъуэтыжын папщIэ.

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2022-2023 гъэхэм я зэхьэзэхуэр мэкъуауэгъуэм (июным) и пэщIэдзэм иухыну хуагъэфащэ. Абы бжьыпэр щызыубыдым Iэмал иратынущ япэ дивизионым хыхьэну.

Къэралым и кубокым ехьэлIа зэпеуэм щыщIидзэнур дапщэщми зэкIэ зэхэкIакъым. Ар, адрей илъэсхэми хуэдэу, езыгъэкIуэныр Урысейм и Футбол Зэгухьэныгъэрщ.

 «Спартак-Налшыкым» зыгъэсэныгъэхэр иджыпсту ерыщу ирегъэкIуэкI. Иужьу иригъэкIуэкIа зэныбжьэгъугъэ зэIущIэм абы 3:I-уэ щыхигъэщIащ Мэхъэчкъалэ и «Легион Динамо» команэ лъэщыр.

 

Къаудыгъу Заур.
Поделиться:

Читать также: