Абынрэ Къуацэгъуррэ

Абын – аращ зэреджэр 1835 гъэм быдапIэ папщIэу яухуауэ щыта Абинск къалэ цIыкIум пхрыж псым. Языныкъуэхэм къызэралъытэмкIэ, а цIэр «мэз» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм хэт «абнэ» псалъэм къытепщIыкIащ. 

ЩIыпIэцIэхэр джыным куэдрэ яужь ита Твёрдый Александр «Топонимика Кавказа» и тхылъым зэрыщитхымкIэ, «Абын» фIэщыгъэр а бзэ дыдэм «быдапIэ» мыхьэнэ иIэу къыщыкIуэ «абаа» жыIэкIэми йокIуалIэ, дызытепсэлъыхь щIыпIэм и Iэгъуэблагъэхэм щыпсэуа «абун» мэуэт лъэпкъым зэреджэу щытами, илъэс 2150-рэ ипэкIэ псэуа алыдж астроном, математик, географ Птолемей Клавдий КъухьэпIэ Кавказым хузэхилъхьауэ щыта картэм къыщыгъэлъэгъуа Абунис быдапIэжьым и цIэми хуокIуэ. 
Абын псыр Кавказ тхыцIэ нэхъыщхьэм едза шытх нэхъ цIыкIухэм ящыщ зым, «Къуацэ гъуркIэ» зэджэм, ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ гъэза и джабэ нэкIухэм къыщожьэри, а ищхьэхэмкIи, хуэдэ щымыIэу, зэнзэныпсу къабзэрэ къуэпсыбэу зыкъыщызэщIекъуэ. 
Шапсыгъхэм, зэрыщыту къапщтэмэ адыгэхэм, я щэнхабзэм дихьэххэр кIуэ пэтми нэхъыбэ зэрыхъум и фIыгъэкIэ, Абын и кIейм зыщызыплъыхь щIыпIаплъэхэм я бжыгъэми хэхъуащ. Ахэр малъхъэдису зыщIэзышэ нэгузегъэужьыпIэхэм ящыщщ мы къуэладжэр ижь-ижьыж лъандэрэ я хэщIапIэрэ адэкIэ-мыдэкIэ Iэрамэ-Iэрамэу щызэхэт испы унэжьхэри (дольменхэр, мегалитхэр). 
Зи ныбжьыр илъэс мини 3-м щхьэдэха а ухуэныгъэ телъыджэхэр щIыпIаплъэрыгъуазэхэм адыгэхэм я тхыдэм ирапх. Пэж дыдэуи, мывэ джафэ пхъэбгъушхуэхэр апхуэдизкIэ дахэу икIи зэгъэкIуауэ зэтегъэзэгъащи, абыхэм яIуплъэ дэтхэнэми ямыгъэщIэгъуэн яхузэфIэкIыркъым. Мегалитхэм нэхъыбэ дыдэу узыщрихьэлIэр Абын хэлъэдэж Жьанэпс псы бгъунж цIыкIум и Iуфэращ.
Гъэм и хуабэгъуэм зыкърезыгъэхьэлIэ щIыпIаплъэхэм зи лъащIэр лъагэу щхьэщыIэтыкIа машинэхэмкIэ (джип лIэужьыгъуэхэмкIэ) Абын и псыхъуэр къызэхажыхь. Бдзэжьей щещэну къыдыхьэхэми я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, «къуентхъыншэ» ахэр мы щIыпIэм зэрыщымыхъум и щыхьэту. 

Къуацэгъур (Къуацэ хъурей - Коцехур)

Мы фIэщыгъэр зезыхьэ къуршылъэ тхыцIэ джафэр Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм къыхэщхьэхукI Абын бгым пэгъунэгъущ, метр 92I-рэ и лъагагъщ. 

ТхакIуэ, егъэджакIуэ, лъахэхутэ Твёрдый Александр «Топонимический словарь Кавказа» и тхылъ телъыджэм зэрыщитхамкIэ, щIыпIэцIэр «къуацэ гъур», «къуацэ хъурей» мыхьэнэхэм хуэгъэкIуэгъуафIэ пэтми, апхуэдэ бгъэдыхьэкIэр купщIэншэу къэзылъытэхэри щыIэщ. 
УарохьэлIэ фIэщыгъэр «кхъуэ», «цэ» («дзэ»), «гъур» псалъэхэмкIэ зэпкърызыхыну хэтхэми, нэгъуэщIу жытIэмэ, «кхъуэм и дзэпкъ быдэ» мыхьэнэм хуэзыгъакIуэхэми. 
Ковешников Вячеслав «Очерки по топонимике Кубани» и тхылъым къызэрыщигъэлъэгъуамкIэ, щыIэщ щIыпIэцIэр «къэухъуреихьам ику» мыхьэнэм хуэзыхьыну пылъхэри, абхъазыбзэм хэт «ака-цахур» – «хьэцыбанэ» псалъэм тезыгъэхуэну хущIэкъухэри. 
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: