Япэ президентхэм я щIыхькIэ

Мы гъэм илъэс еплIанэ хъуауэ Шэшэным и жэрдэмкIэ Налшык ипподромым щрагъэкIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Шэшэнымрэ я япэ президентхэу щыта КIуэкIуэ Валерэрэ Урысейм и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-Хьэжырэ я фэеплъ къызэдэжэхэр. 
 

Шыгъажэ лъэхъэнэм и еянэ махуэм республикэм и ипподром нэхъыщхьэм щекIуэкIащ саугъэтышхуэ зыхуагъэува зэпеуищ. Япэ президентхэм хухаха къызэдэжэхэм мылъкукIэ щIэгъэкъуэн яхуэхъуащ «Драгон Энерджи» компаниемрэ Кадыров А. и цIэр зезыхьэ щIыналъэ жылагъуэ фондымрэ. 
УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Быф Анатолэ шыгъажэм хэтхэм тхыгъэ яхуригъэхьащ. Абы къыщыхощ щIыналъэм мамырыгъэр щызэтеIыгъэным, зэкъуэш республикэхэм адэкIэ заужьынымрэ ефIэкIуэнымрэ Кавказым и къуэ пажитIым хэлъхьэныгъэшхуэ зэрыхуащIар. 
- КIуэкIуэ Валерэ и гъащIэр иухыху тетащ «Сэ сыбауэху, Къэбэрдей-Балъкъэрым захуагъэрэ пэжыныгъэкIэ сыхуэлэжьэнущ» гупсысэм. Хьэл-щэн мардэ Iэтахэр зыбгъэдэлъа Кадыров Ахъмэт-Хьэжы къызэрилъытэмкIэ, гуэныхьхэмрэ щIыкIей Iуэхугъуэхэмрэ цIыхур игъэкIуэдт, - къыхигъэщащ абы и тхыгъэм. – Нобэ абыхэм я къуэхэм адэхэм я Iуэхум пащэ, республикэхэр ефIэкIуэнымрэ гъагъэнымрэ я къару псори хухах.
- Иджы еплIанэу Налшык и ипподромым дыщызэхуос ди лъэпкъхэм я къуэ пажэхэм я феэплъ саугъэтхэр дгъэджэгуну. АбыкIэ дэ пщIэ зэрыхуэтщIыр къыдогъэлъагъуэ къыхамыгъэщIауэ дуней ехыжа япэ президентхэу Кадыров Ахъмэт-Хьэжырэ КIуэкIуэ Валерэрэ я фэеплъым. Нобэрей зэхыхьэр лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэр щIэзыгъэбыдэн ирехъу, - къыщыхьащ Шэшэным и Iэтащхьэм и дэIэпыкъуэгъу Терлоев ДжэбрэIил и зыхуэгъэзэныгъэм. 
- Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэр ихь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI мардэ Iэтахэм ящыщщ. Дэ ди къалэн нэхъыщхьэр – ар мардэхэм зедгъэужьын икIи щIэдгъэбыдэнырщ, - жиIащ УФ-м Къэрал Думэм и депутат Делимханов Iэдэм и дэIэпыкъуэгъу Ашуев Саид-Магомет. 
ЩIыналъэм и шууей цIэрыIуэхэр зытеса шы нэхъыфIхэр зыхэта шыгъажищымкIэ, концерт программэмкIэ, «Драгон Энерджи» компанием къызэригъэпэща ахъшэ саугъэт зыхуагъэува спорт зэпеуэхэмкIэ гукъинэж хъуащ зи чэзу шыгъажэ махуэр. 
Псори зэхэту фэеплъ шыгъажэхэм я саугъэт фондыр сом мин 800 хъуащ. Налшык ипподромым япэу лъагъуэм къыщытехьащ Урысейм къыщалъхуа илъэситI зи ныбжь шыбзхэр. «Кавказым ис лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэм» и саугъэтым щIэбэнахэр къыщызэдэжащ метр 1400 зи кIыхьагъ гъуэгуанэм. Финиш пкъом къэсыху екIуэкIа зэныкъуэкъуныгъэ гуащIэм текIуэныгъэ къыщихьащ Кятов Артур и шыбз пцIэгъуэплъ Мисс Кэпитал. Шыр егъасэ Мэзыхьэ Хьэчим, шууейр Сыжажэ Тимурщ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ саугъэтым метр 1800-м щыщIэбэнащ илъэсищ зи ныбжь Урысейм къыщалъхуа шыхэр. Абы шэч къызытухьэн текIуэныгъэр щызыIэригъэхьащ Бетрожь Мухьэмэд и пцIэгъуэплI-фIыцIафэ Юнкер. Иужь къитам ар пкъипщI хуэдизкIэ щхьэпрыкIащ. 
Шэшэным и япэ президенту щыта, Урысей и ЛIыхъужь Кадыров Ахъмэт-Хьэжы и цIэкIэ ягъэува саугъэтым шыгъажэм кIэлъыплъ куэдым текIуэну хуагъэфащэрт Базий Замир и Геодезистыр. Ар зыхэта къызэдэжэ I8-м щыщу 8-м япэ къыщысат. Апхуэдэу щыт пэтми, абы ефIэкIащ Цицаев Сулим и пцIэгъуэплъ Акцент. Шыр егъасэ Дебзиев Рустам, къэзыгъэжар дунейпсо класс зиIэ мастер-шууей Улубаев Хьэмзэтщ. 
Шыгъажэхэр щызэпагъэуахэм деж къызэхуэсахэм я нэгу зрагъэужьащ Мэкъамэ театрым и солистхэу Еуаз Мурат, Хьэкъул Оксанэ, Жаникаев Эльдар сымэ. 
КъылъыкIуэ зэхьэзэхуэр Налшык ипподромым щызэхэтынущ фокIадэм и II. Абы и саугъэт нэхъыщхьэу щытынущ Iуащхьэмахуэ и кубокыр. 

 

 

Къэхъун Бэч.
Поделиться:

Читать также: