Афыпс – Афы - Афыпсыпэ

 

Афыпс – Адыгэ Республикэм щежэх псыщ, Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хиубыдэ Афы бгым (метр 738-рэ и лъагагъщ) къыщожьэ, километр 96-рэ и кIыхьагъщ, Шапсыгъ псы хъумапIэм бгъэдэт Афыпсыпэ къуажэм бложри, сэмэгу лъэныкъуэмкIэ Псыжь щыхолъэдэж.

Лъахэхутэхэм я нэхъыбэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, фIэщыгъэр абхъаз-абазэ лъэпкъ зэрыбыным щыщхэр щыблэмрэ уафэгъуагъуэмрэ я тхьэм зэреджэу я IуэрыIуатэм къыхэщ «Афы» цIэм къытехъукIащ. Дызэрыщыгъуазэщи, дэ, адыгэхэм, а псалъэм пэхъуну мы зэманым къэдгъэсэбэпыр Щыблэ фIэщыгъэрщ.

Еджагъэшхуэхэм яхэтщ щIыпIэцIэм ехьэлIауэ нэгъуэщI еплъыкIэ зиIэхэри. Псалъэм папщIэ, бзэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Къумахуэ Мухьэдин къызэригъэлъагъуэмкIэ, фIэщыгъэм лъабжьэ хуэхъуар лъэхъэнэ жыжьэ блэкIахэм адыгэ лIакъуэхэм къызэдагъэсэбэпу яIа «ахуы» жыIэкIэрщ. Еджагъэшхуэм къызэрилъытэмкIэ, абыкIэ щыхьэтщ зи гугъу тщIы псым зэреджэу къэбэрдей адыгэхэм ди IуэрыIуатэм къыхэна Ахупс псалъэри.

Афыпсыпэ къуажэр, Урыс-Кавказ зауэр екIуэкIыу, 1861 гъэм къызэрагъэпэщащ, Хэкужь-хьэблэ, Жылэ-унэщIэ фIэщыгъэхэр зезыхьэ IыхьитIу зэхэтщ. 2022 гъэм ирихьэлIэу а къуажэм цIыху 2211-рэ дэсащ. Абыхэм ящыщу процент 79-р адыгэщ, 17-р урысщ.

 

 

БЭРАУ Бышэ.
Поделиться: