Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал властым и органхэм сату IуэхущIапIэхэр (щIыналъэхэр) террорым и шынагъуэм щыхъумэным и лъэныкъуэкIэ я полномочие щхьэхуэхэр дэгъэкIынымкIэ лэжьыпхъэхэм я IуэхукIэ
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Сату IуэхущIапIэхэр (щIыналъэхэр) террорым и шынагъуэм щыхъумауэ щытынымкIэ хуагъэувхэм, «Террорым и шынагъуэм щыхъумауэ зэрыщытын хуеймкIэ хуагъэувхэмрэ сату IуэхущIапIэм (щIыналъэм) шынагъуэншагъэмкIэ и паспортым и теплъэмрэ къэщтэным и IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Правительствэм 2017 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м къыдигъэкIа унафэмкIэ къищтам, и 5-нэ пунктым ипкъ иткIэ унафэ сощI:
1. Сату IуэхущIапIэу (щIыналъэу) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэхэм ящыщу террорым и шынагъуэм щыхъумэнымкIэ категориехэр зратын хуейхэм я спискэр, апхуэдэу сату IуэхущIапIэхэр (щIыналъэхэр) а спискэм зэрыхагъыхьэ (къызэрыхагъэкIыж) щIыкIэр убзыхунымкIэ уполномоченнэ органу хэхын Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ПромышленностымкIэ, энергетикэмкIэ, сатумкIэ и министерствэр
2. Сату IуэхущIапIэу (щIыналъэу) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къриубыдэу щыIэхэр сату IуэхущIапIэу (щIыналъэу) террорым и шынагъуэм щыхъумапхъэхэм я спискэм хагъэхьэн (къыхагъэкIыжын) папщIэ хуагъэувхэр къэщтэн мы Указым и гуэдзэным зэритым хуэдэу.
3. Къару имыIэжу къэлъытэн «Сату IуэхущIапIэу (щIыналъэу) Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм къриубыдэу щыIэхэм ящыщу террорым и шынагъуэм щыхъумэнымкIэ категориехэр зратын хуейхэм я спискэр убзыхунымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и уполномоченнэ органым и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2018 гъэм мэлыжьыхьым и 2-м къыдигъэкIа Указ №33-УГ-м.
4. Мы Указым къару егъуэт официальнэу къыщытрадза махуэм щегъэжьауэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек
Налшык къалэ
2022 гъэм шыщхьэуIум и 30-м
№81-УГ

Поделиться: