Урым гуащэр псоми ятекIуащ

  Италием хэхыныгъэхэр щиухащ. «Ижьхэм» хабжэ урым правительствэщIэр зыухуэну Мелони Джорджие зи тепщэ «Италием и къуэшхэр», Сальвини Маттео и «Лигэ»-р, Берлускони Сильвио зыхэт «Италие, укъимыкIуэт!» парт зэгуэтхэр. Щыми зэгъусэу макъхэм я процент 43, 8-р къаIэрыхьащ, абы къыхэкIыу, депутатхэм я Палатэм шэнт 400, Сенатым – шэнт 200 къащылъысынущ.
 Мазэ хъуакъым Маргарет Тэтчер и фэ зэзыплъыж Трасс Элизабет Инджылызым и премьер-министр зэрыхъурэ. Иджы Италиеми хъыбар къоIукI фокIадэм и 25-м и кIэм нэса хэхыныгъэм «макъхэм» я нэхъыбэр Мелони Джорджэ щыIэрыхьауэ.
 Мелони зи лIыкIуэ «Италием и къуэшхэр» партым и лъабжьэр фашизмэм и адэу къалъытэ Муссолини зэрырапхым куэд егъэгузавэ. Берлускони Сильвио и тетыгъуэм министр нэхъ щIалэ дыдэу (илъэс 3I-рэ) хэта хъыджэбзым иджы премьер-министр тахътэр ирагъапщэ. Илъэсым и пэм Мелони илъэс 45-рэ ирикъуащ. Италием иджыри къэс цIыхубз тепщэу зэи тетакъым. «Сыанэщ, сычыристанщ, сыитальянщ, сы-Джорджиещ», - жиIэу, IэфракIэкIэ утыкур зэрызэбгритхъуами, Мелони хьэл щабэ иIэу гурыщхъуэ уигъэщIыркъым.
 Сыт узэрыщыгугъ хъунур Мелони иухуэну правительствэм? «Тхьэр, Хэкур, унагъуэр» - а псалъэ дахэхэрщ «Италием и къуэшхэм» я къыхуеджэныгъэр зыщIэтыр. Ардыдэхэрт абыхэм я хэкуэгъу Муссолини и фашист партым хэтахэри къызэрежьар. Псалъэхэм я мыхьэнэм тепщIыхьмэ, Мелони жиIэхэм дэбгъуэн щыIэкъым.
 «Сыт абыхэм унагъуэр бийуэ къыщIалъытэр? – и ныкъуэкъуэгъухэм едауэ хуэдэу, упщIэр нахуэу егъэув урым гуащэм. – Сыт абы апхуэдизу щIыщышынэр? Жэуап тынш иIэщ а упщIэм. Унагъуэр дэ ди купщIэ нэхъыщхьэу зэрыщытырщ. Нэхъыщхьэу къэтлъытэ псоми дыхагъэкIыжу, ныбэм и пщылI нэгъэса дащIыну хэту аращ ахэр. Дэ цIыхуу зыкъыщIэтлъытэж ди лъэпкъри, ди динри, цIыхухъуу е цIыхубзу дыкъызэрагъэщIари, унагъуэу дызэрыпсэури натIэрыуапIэ ящIащ. Сэ сызэрыитальяныр, сызэрычыристаныр, сызэрыцIыхубзыр, сызэрыанэр жысIэ хъужынукъым, ахэр зэреплъымкIэ. Къэралым и цIыху гуэр, хъурэ бзырэ мыгурыIуэгъуэу, адэ-анэ езанэ е етIуанэ – апхуэдэу сызэджэжын хуейщ. Лъабжьи лъэпкъи зимыIэж щхьэ бжыгъэ гуэру фIэкIа сыщымытыжмэ, ахъшэм зи нэр къыщригъэпхъуа езыхэм зэрыхуейуэ сыкъагъэсэбэпыфынущ, зэи къэмыпIэтIэуэжын пщылI нэгъэса къысхащIыкIынущ. Ишхынымрэ ирифынымрэ фIэкIа къызыфIэмыIуэхуж псэущхьэ! Ар зэрыдмыдэрщ ахэр апхуэдизу къыщIытщышынэр! Дэтхэнэ цIыхуми игъэлъапIэ псэм и къулеягъыр тхъумэну дызэрыхуейр. Ядэми ямыдэми, абы нэхърэ нэхъ лъапIэ щыIэкъыми, яфIэтхъумэнущ дэ ар абыхэм. Тхьэм, Хэкум, унагъуэм щхьэкIэ дыкъикIуэтынукъым. Ди хуитыныгъэрщ ахэр зи нэщэнэр».
 Италиер Евросоюзым хыхьэ къэралхэм инагъкIэ я ещанэщ. Мелони зыхэт партыр «ижь егъэлея», нэгъуэщIу жыпIэмэ, зи занщIэр зи гъуэгу, итIанэми хабзэкIэ къекIуэкIхэр къызэтенэным нэхъ хуэунэтIахэм хабжэ. Урысейм къэралыр къызэрыхущытым зэрызихъуэжынышхуэ щымыIэми, «УкъимыкIуэт, Италие!» партым и нэхъыжь, илъэс 85-м ит Берлускони сыт щыгъуи тэмакъкIыхьагъ хурикъуащ УФ-м фIыкIэ гурыIуэну.
 Политикэм щекIуэкIым апхуэдизкIэ псынщIэу зехъуэжри, зы хъыбарыр бгъэщIэгъуэн умыухыурэ, адрейр къыкIэлъокIуэ. Тхьэмахуэ зыбжанэ ипэкIэ, Финляндием и премьер-министр Марин Саннэ ефэ-ешхэ гуэрым хэту, хуэмыфащэу зыкъызэригъэлъэгъуамкIэ ягъэкъуаншэри, и IэнатIэр фIэкIуэд пэтащ. Акъыл хурикъури, хъыджэбзыр «гурэ псэкIэ цIыхубэм къыхуагъэгъуну елъэIуащ». Чэф хъуа щхьэкIэ, и лъым наркотик хэтауэ къыщыщIэмыкIакIэ, сыт бгъэлажьэ щIэмыхъунур? Апхуэдэурэ Европэр хуэм-хуэмурэ цIыхубз унафэщIхэм я жьауэ щIоувэ.                      

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: