Жамбот Бэчмырзэ

(1632 – 1707)
Пщы Бэчмырзэ Къазий и къуэ Жамбот и къуэ ещанэщ, нэхъыщIэщ. Нэгумэ Шорэ зэритхамкIэ: «Къэбэрдеишхуэм япщ Бэчмырзэ и адэм къыщIэна мылъкур псори езым зрихьэлIэну и къуэш Къейтыкъуэ еныкъуэкъуу хуежьащ. Къуэшыгъэмрэ лъагъуныгъэмрэ тражыIыхьа псалъэ быдэм зэрепцIыжу, нэхъыжьым и щIыхьым нэхъыщIэр фIэмылIыкIыж хъуащ, абы и унафэм емыдэIуэж хъури, я адэхэм къащIэна уэсятым епцIыжащ. НэгъуэщI зы лъэныкъэкIи бгъафэкъуэ уэркъхэм ахэр мыр къыжраIэурэ къызэщIагъэстырт: зэ гуо, зиусхьэн, уэри, абы нэхърэ унэхъ мыгъуэ? Мис апхуэдэу, псоми я сэбэп зыпылъ IуэхуфIым яужь имыту, блэкIа зэманыр ящыгъупщэжауэ, я зэныкъуэкъум щIадзэжри, абыкIэ къэбэрдей лъэпкъымрэ езыхэм я щхьэмрэ мыгъуагъэ тралъхьэжащ, икIи, дяпэкIэ зэрытлъагъунущи, хамэ лъэпкъхэм я хьэзабым щIэуващ».
Нэгумэм зэритхыжамкIэ, Къазий ХьэтIохъущыкъуэ и къуэ Кургъуокъуэ лIа нэужь, пщы нэхъыжьыгъуэр «Къейтыкъуэрэ Бэчмырзэрэ ялъысащ. Пщыгъэр зыбгъэдэлъын хуейм щхьэкIэ я зэбий-зэныкъуэкъур щыщамыгъэтым, аргуэру лъыгъажэ къамыгъэхъун папщIэ, абыхэм я адэм къыщIэна мылъкур зэхуэдитIыпсу къэбэрдей лъэпкъым игуэшри, а пщитIым иратащ, адрей пщыхэм езыхэм я мылъкум щыщи Iыхьэ а тIум хуащIащ, Щоджэнокъуэхэ яIэщIэлъа мылъкури абы тралъхьэри иратащ» (Нэгумэ Шорэ мыбы дежым зи гугъу щищIыр Алыджыкъуэ пщы уэлийм и къуэ Тенджызбии и къуэшхэри Къазий Мысост иукIа нэужь, къащIэна щIэинхэр арагъэнущ).
А зэманым къыщыщIэдзауэ ахэр щхьэхуэ-щхьэхуэу, щхьэж и мылъку и тепщэжу псэу хъуащ. Бэчмырзэ, щхьэусыгъуэ лъэпкъ имыIэу Къейтыкъуэр илъагъу мыхъуу илъэс зыбжанэкIэ екIуэкIауэ, кърым хъаным деж кIуащ, Къейтыкъуэ и жагъуэ къищIа хуэдэу, абы щхьэкIэ хъаным дзэ къыIахыу Къейтыкъуэ жыIэщIэ къищIын мурад иIэу. Ар абы илъэсищкIэ къэтащ: хъаным къигъэгугъат, ауэ абы ирихьэлIэу Къейтыкъуэ дунейм ехыжащ, къуищ къыщIэнри: Аслъэнбэч, Къанэмэт, Жамболэт сымэ.
Профессор Кокиев Георгий Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и «ЩIэныгъэ тхыгъэхэр» («Ученые записки) журналым тригъэдза очеркым щитхащ: XVIII лIэщIыгъуэм и 20 гъэхэм пщыгъуэр яхузэрымыгъэгъуэту Къэбэрдеишхуэм япщхэм я зэныкъуэкъу-зэрыукIыж зауэм щIидзащ. Зэкъуэшхэу Кургъуокъуэ Бэмэт, Къейтыкъуэ Аслъэнбэч, ХьэтIохъущокъуэ Къэсей сымэ зэрызэмызэгъым къыхэкIыу Къэбэрдеишхуэр гупитIу гуэша хъуащ. Кърымыдзэхэм ХьэтIохъущыкъуейм, Мысостейм, Бэчмырзейм, Къейтыкъуейм я дзэхэр къызэтракъута нэужь, Къэсей Бэмэт сымэ кърым хъаным къуэлъэдэжати, къейтыкъуей, бэчмырзей пщыхэм (Аслъэнбэч, Къанэмэт, Жамболэт, Тэтэрхъан, Бэтокъуэ, Къейсын сымэ) я уэркъыдзэхэм я гъусэу Шэрэдж зыщагъэбыдащ.
Тхыдэтххэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, а зауэ гуащIэхэм Къейтыкъуэ Аслъэнбэч лIыгъэрэ хахуагъэрэ щаригъэлъэгъуащ бийм. Тхыгъэхэм къызэрагъэлъагьуэмкIэ, Къейтыкъуи Бэчмырзи а зэманым псэужакъым.
Тхыгъэхэм къыхощ Къэбэрдеишхуэм япщхэмрэ лIакъуэлIэшхэмрэ Урысеймрэ кърым хъанымрэ езыхэм я лъэныкъуэу яIыгъын щхьэкIэ, зэщыхьэжу зэрызэныкъуэкъуар. Бэчмырзэ Тамбий лIакъуэлIэшхэм ящыщу щIалитI иукIри, кърым хъаным деж кIуащ, дзэ къишэри, Къэбэрдеишхуэм щыщ цIыху куэд ПсыжькIэ игъэIэпхъуауэ щытащ. Бэчмырзэ ахэр щызэхищIыхьар 80 гъэхэр арагъэнущ.
Опрышкэ Олег зэритхамкIэ, 1707 гъэм кърым хъан Къаплъэн-Джэрий Къэбэрдеишхуэм къащытеуам, Жамбот Бэчмырзэ а зауэшхуэм хэкIуэдащ. Абы и чэщанэр иджырей Шэджэм ЕтIуанэм деж псы Iуфэм Iутащ, абы тетхауэ щытащ «Кърым тэтэр зауэшхуэм хэкIуэдащ» жиIэу. Опрышкэ и тхылъым щитхар къызыхихар академик Иогани-Антон Гюльденштедт зэхилъхьа тхыгъэхэрщ. Академикыр абы щыщыIар 1742 гъэр арагъэнущ. Абы и тхыгъэм къыщыхобелджылыкI Бэчмырзэхэ я чэщанэхэу Шэджэм псы Iуфэм пэмыжыжьэу мывэм къыхэщыкIауэ плIы щытауэ, а псом нэхъ ин дыдэр Iуащхьэм тетащ. Ар генерал Бэчмырзэ Елмырзэ и чэщанэрт.
Жамбот Бэчмырзэ пщы нэхъыжьу щытауэ тщIэркъым. Ауэ щыхъукIи, къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ абы и къуэхэм: Тэтэрхъан, Щолэхъу, Александр Бекович (Долэтджэрий), Бэтокъуэ, Къейсын, Елмырзэ сымэ ди тхыдэм лъэужьыфI къызэрыханар.

КЪАРДЭН Чэлимэт, тхыдэтх.
Поделиться:

Читать также: