Уригъунэгъунуи щIагъуэкъым…Урысей ракетэхэр иужьу Украинэм и энергетикэ зэблэшыпIэхэм щеуам а къэралым и мызакъуэу и гъунэгъу Молдавиери хилъэфащ: зы жэщ-махуэ псокIэ Кишинев уэздыгъэ иIакъым. СССР-м хэта зэгъунэгъуитIым я кIапсэхэр зэпыщIащи, зым и зэран арейм йокI-апхуэдэ щIэин къигъэнащ СССР-м. АрщхьэкIэ Iуэхур здэщыIэр абы и закъуэкъым. Премьер Гаврилицэ Наталье (Молдавием и президентри правительствэм и унафэщIри цIыхубзхэщ) жиIащ электрокъарум и уасэм зэрыхагъахъуэр. Мис аращ куэдым я фэ дэмыхуэнур. Арыншами, мыбы щытыкIэр щызэщIэплъащ. Бжьыхьэр икIыхукIэ къэралым мыарэзыхэм я пэкIухэр щызэпыуакъым. Хэбгъэзыхьмэ, президент Санду Майя и пIалъэр къэмысу и къулыкъум текIын хуей хъуну къыщIэкIынущ. Абы хэлъхьэж Киев Молдавием и газ хъумапIэхэм ириш гъэсыныпхъэр щэхуу ищэу сэтей къызэращIар. НэгъуэщIу жыпIэмэ, «Газпромым» Кишинев хуиутIыпщ газым щыщ Iыхьэ Украинэм и щIыналъэм къонэ. Абы къокIыр ар идыгъуу. Абы щыгъуэми, щIыIэр къэсакIэщ. ЗэфIэува щытыкIэм Молдавием и цIыхухэр куэдым ирегъэгупсыс. Иджы абыхэм я нэхъыбэр (процент 54,5-р) хуеижкъым къэралыр НАТО-м хыхьэну Румынием гухьэнри зымыдэу къэувхэм я бжыгъэми хэхъуащ-процент 47,4-рэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|