ЕхъулIэныгъэ къыщагъэлъагъуэАлыдж-урым бэнэкIэ Москва и «Олимп къуажэ-80» спорт комплексым дыгъэгъазэм и 17 – 18-хэм щекIуэкIащ «Тараскиным и Мемориал» зыфIаща урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар СССР-м спортымкIэ и мастер, алыдж-урым бэнэкIэмкIэ цIэрыIуэ хъуауэ щыта Тараскин Сергей и фэеплъу къызэрагъэпэщат. А зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медалибл къыщахьащ, абы щыщу 3-р дыщэщ. Зэхьэзэхуэм щытекIуащ Ульбашев Iэдэм (кг 55-рэ), Бапинаев Къурмэн (кг 60), Мамедов Аслъэн (кг 67-рэ) сымэ. Дыжьыныр къахьащ Тау Алимрэ (кг 63-рэ), Шыгунэ Алимрэ (кг 97-рэ). Ещанэ хъуахэщ МэшылI Ислъамрэ (кг 72-рэ), Шыбзыхъуэ Къантемыррэ (кг 97-рэ).
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 10:01 →
БэнакIуэхэмрэ гъэсакIуэмрэ яIуощIэ
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
|