КИФЩI-м и зэхьэзэхуэм хэтынухэщ

Дзюдо
 

Налшык и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдомкIэ и республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэзауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм щыщ спортсмен ныбжьыщIэхэм я зэпеуэм ягъэкIуэнухэр къыхэхыным.
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIэр къыщахьащ Мэздэгу Имран, Шэджэм БетIал, Мыд Алибэч, Байсиев Таулан, Къуныжь Роман, Мырзэбэч Ильяс, Шырыт Астемыр сымэ.
Щад Аслъэн, Жэмыхъуэ Марат, Мамий Аскэр, Мэкъуауэ Рустам, Абазэ Астемыр, Къанкъул Давид, Балъкъыз Залым сымэ етIуанэщ.
Ещанэ увыпIэр яубыдащ Зияев Джаббар, Щынахъуэ Астемыр, Замбатов Къантемыр, ХъутIэ Темырлан, Блий Роман, Щоджэн Феликс, Къуныжь Тамерлан, Тэркъан Атмир, Тэхъу Алан, Мэжджыхь Къантемыр, Быф Идар сымэ. 

 

Алыдж-урым бэнэкIэ

Каспийск ехъулIэныгъэ къыщахь

Дагъыстэным и Каспийск къалэм щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 21-м нэмысахэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщ спортсмен ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэща зэпеуэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Шэшэным, Ингушым, Дагъыстэным я спортсмени 130-м нэблагъэ.
Ди республикэм щыщу а зэпеуэм хэтащ бэнакIуэ 26-рэ. Абы дыжьын медалхэр къыщахьащ Мэкъуауэ Рустам (кг 55-рэ), Панюшкин Беслъэн (кг 72-рэ), Мэлбахъуэ Алан (кг 97-рэ) сымэ. 
Домбеякъыр къахьащ Къуныжь Амырхъан (кг 60), Хъуп Астемыр (кг 60), КIыщ Аслъэнбэч (кг 63-рэ) сымэ.
ТекIуахэмрэ къыхэжаныкIахэмрэ фIыщIэ тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ ягъэпэжащ.

 

Кикбоксинг
Медаль 57-рэ

Иджыблагъэ Кисловодск къалэм щекIуэкIащ Ставрополь крайм кикбоксингымкIэ и чемпионат.
Кикбоксингым и «фулл-контакт», «лоу-кик» зэпеуэхэм хэтащ спортсмен ныбжьыщIэ 420-м нэблагъэ.
А зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ ныбжьыщIэхэм медалу 57-рэ къыщахьащ. Абы щыщу 32-р дыщэщ. Ставрополь крайм япэ увыпIэр иубыдами, ди щIалэхэр етIуанэ хъуащ.

 

 

НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: