Мономах и пыIэ хьэлъэр

Мономах и пыIэр Кремлым Iэщэхэм я пэшым щахъумэ хьэпшыпхэм я нэхъыжь дыдэщ. Урыс пащтыхьхэм хабзэм тету ар зыщхьэратIагъэрт тетыгъуэр къащылъысым деж. ПыIэм и хьэлъагъщ грамм 993,66-рэ. КъыздикIар IупщI дыдэкъым, щIэныгъэлIхэм абы теухуауэ гупсысэ щхьэхуэхэр яIэми. Хуагъэфащэ Византием, Азие Курытым е КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и дыщэкIхэм ящIауэ. Языныкъуэхэм къалъытэ Iуэ дыщэм и хъану щыта Узбек Москва тыгъэ къыхуищIауэ. Мономах и пыIэр гъэщIэрэщIащ дыщэкIэ, мывэ лъапIэхэмкIэ, къунфэхъум (соболь) ицкIэ.

Пётр I пащтыхьыгъуэм щытеувэм Мономах и пыIэр зыщхьэритIэгъакъым. Пащтыхьхэм илъэси 178-кIэ къагъэсэбэпа пыIэр Москва Кремлым и Успенскэ чэщанэм иратыжащ. Мономах и пыIэм нэмыщI, абы тращIыкIауэ нэгъуэщIхэри щыIэт. Псалъэм папщIэ, налмэс (алмаз) пыIэр Иван V  папщIэ Москва IэщэхэмкIэ и заводым и дыщэкIхэм ящIауэ щытащ. Ар налкъутналмэскIэ гъэщIэрэщIащ.

Пушкин Александр и «Борис Годунов» тхыгъэм хэт псалъэхэр: «Сыту ухьэлъэт Мономах и пыIэр!» ди зэманми мыхьэнэ иIэу къагъэсэбэп жыIэгъуэ хъуащ. АбыкIэ къагъэлъагъуэ къулыкъу пэрыувэм и пщэм жэуаплыныгъэ хьэлъэ къызэрыдэхуэр.

2016 гъэм Кремлым IэщэхэмкIэ и пэшым и щIыхькIэ банк Нэхъыщхьэм къыдигъэкIащ соми 3 хъу дыжьын ахъшэр. 3000 бжыгъэр иIэу къыщIагъэкIа ахъшэм тетщ Мономах и пыIэм и теплъэр.

Мономах и пыIэр Калита Иван и цIэм ирапх. 1328 гъэм абы итхауэ щыта «духовнэ грамотэкIэ» зэджэм къыщыхьащ «дыщэ пыIэ» псалъэр. Ар Мономах и пыIэрауэ хуагъэфащэ.

XVI лIэщIыгъуэм къыдэкIауэ щытащ «Сказания о князьях Владимирских» трактатыр. Абы зэритымкIэ, Византием и пащтыхь Мономах Константин IX и хьэпшыпхэр и къуэрылъху Мономах Владимир Iэрагъэхьауэ щытащ, пыIэри яхэту. Япэу Мономах и пыIэр летописым къыхэщащ 1518 гъэм, Иван III и къуэрылъху Дмитрий тетыгъуэр къыщыIэрыхьэм щыгъуэ.

Пётр I  папщIэ ягъэхьэзырауэ щытащ «Мономах и пыIэм и етIуанэ лIэужьыгъуэ» зыфIащар. Абы грамм 600 и хьэлъагът. Пётр I  и щIэблэм Мономах и пыIэр яIэригъэхьакъым, езыр пащтыхь щыхъунум щхьэритIэгъар нэгъуэщIти. И ужь къиувэхэм папщIэ абы иригъэщIащ европей щIыкIэу гъэпса таж (корона).

1762 гъэм, Екатеринэ II  пащтыхьыгъуэр щиубыдым щхьэритIэгъауэ щытащ пащтыхь таж ин. А зэманым ирихьэлIэу Мономах и пыIитIри Успенскэ чэщанэм (собор) щахъумэрт.

Мономах и пыIэр Iэщэхэм я пэшым щахъумэ хьэпшыпхэм я нэхъ лъапIэ дыдэхэм ящыщщ. Мылъкуу абы пэхъункIэ хъунур къэплъытэфынукъым. Ауэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэухым, пэшым хьэпшыпу щIэлъым я уасэр къыщыхьа дэфтэрым пыIэр къыщылъытат сом 1992-кIэ. ГъэщIэгъуэнщ, дэфтэрым зэритымкIэ, Пётр I  хурагъэщIауэ щыта пыIэр хуэдитIкIэ нэхъ лъапIэу къалъытат - сом 4250-рэ.

Мономах и пыIэр тхыдэм теухуа фильмхэм щыболъагъу. Езы пыIэр зыIэрыбгъэхьэфынкIэ Iэмал иIэкъым, кино щытепхкIэ. «Мосфильмым» и киностудием щахъумэ Мономах и пыIэм Маланчук Юлие трищIыкIар.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: