Нащ и ущиекIэ

ЦIыху гъащIэ къигъэщIащ, хужаIэу, Нащ и ныбжьыр хэкIуэтами, къэзыцIыхухэм ягъэщIагъуэу, зи щIалэгъуэхэми абыкIэ къахэжаныкIыу, дуней къэхъукъащIэхэм кIэлъыплърейт. Ауэ аратэкъым гъэщIэгъуэныр. Нэхъ гъэщIэгъуэныр Нащ и цIыху ущиикIэрат. ЦIыхур дунейм щытеткIэ, зытет дунейм къыщыхъури щекIуэкIри ищIэну и къалэнщ. Дэтхэнэ зыми ещхьу, Нащи къэхъуа-къэщIахэр зригъащIэрт, имыщIэу зыгуэр зэрыблимыгъэкIыным хуэсакъырт. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр зи щIалэгъуэ, зи зэманыгъуэхэм ефIэкIрэ абыкIэ жыпIэну, газет, журнал, тхылъ еджэрейт хъыбар гъэщIэгъуэнхэмкIэ зимыгъэнщIу. Газет къыIэрыхьамэ, итыр къримыджыкIауэ игъэтIылъынутэкъым. ТелевизоркIэ хъыбарыщIэ, дунейм щекIуэкIыр къимыщIэу блигъэкIынутэкъым, нэгъуэщI нэтын щыIэми зригъэхьэлIэрт.
Зи ныбжьыр нэсу тIысыжа лIыжьым лэжьыгъэкIэ къыщыгугъыжIатэкъым, ауэ езыр Iэпкълъэпкъ мыгъэпсэхут, псэ мызагъэт, цIыху жанти, сытми хунос, хужыпIэну пщIантIэм дэлэжьыхьырт, хузэфIэкI ищIэу. Абы щыгъуи, къэхъуа-къэщIахэм телевизоркIэ щыкIэлъыплъынумрэ унагъуэ Iуэху щигъэзэщIэнумрэ зэблигъэкIырт, зэманкIэ зэтримыгъахуэу. Зыгуэр еджэнумэ, езыр щыхуейм къищтэрт. Нащ къэзыцIыхухэм зэрыжаIэти, абы и махуэхэр IуэхукIэ гъэнщIат, зэман лей имыIэу. Гъунэгъухэми ящIэрт Нащ и дуней тетыкIэмрэ и Iуэху гъэпсыкIэмрэ. ЯщIэми, ягъэщIагъуэми, зыкъыхуагъазэу зыри къыжраIэртэкъым, ди Iуэхуу сыт хэлъ, жыхуаIэу. Ауэ зы унагъуи хьэблэм дэстэкъым Нащ и псэукIэм темыпсэлъыхьу. Хэт жиIэрт Нащ щапхъэ техын, абы хуэдэу, сыт и лъэныкъуэкIи Iуэхум ухуэIэижьу щытын хуейуэ, къэхъу щIэблэр апхуэдэхэм ядэгъэплъеипхъэу. «И лIыжьыщхьэ зезыхуэр лIо, зигъэтыншу сыт щIыщымысыр?» – жаIэрт зыгуэрхэми.
Нащ и Iуэхум гъэщIэгъуэн гуэри хэлътэкъым. Абы къилъытэрт дунейм щытеткIэ, абы къыщыхъухэм щыгъуэзапхъэу, къэхъу щIэблэр абы щIэпIыкIын хуейуэ.
Хьэблэдэсхэр щэхуу лIыжьым зэрытепсэлъыхьыр зэхимыхыжу къанэртэкъым Нащ и щхьэгъусэ ТIасэ. ЦIыхум жаIэм фызыр тIуащIэу егупсысырт: «Мы лIыжьыр яфIэделэу ара, и акъылыр зэкIуэкIа я гугъэу хьэмэрэ щIалэгъуалэм я къэкIуэнум зэрытегузэвыхьыр къагурыIуэрэ?» – жиIэу.
Iэпкълъэпкъ мызагъэу зэрыщытым, куэд хузэфIэмыкIыжми, зыгуэрхэр ищIэну зэрыхэтым щхьэкIэ, «нэпсей» хужыпIэнуи, нэхъыбэ зиIэм Нащ ехъуапсэртэкъым. ЗэрищIэжрэ, и гъащIэр лэжьакIуэшхуэу ихьати, иджы Iуэхуншэу тIысыжыфыртэкъым. Дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэр зригъэщIэну и нэ къызэрикIым щхьэкIэ, и ныбжь здынэсам, а псор зэрищIыжынур сыт, къыхужызыIэхэми яритын жэуап иIэт Нащ. ЛIыжьым и Iуэхур тэмэму къыгурыIуэми, цIыхум къажьэдэкIыу зэзэмызэ и тхьэкIумэ къиIуэхэм зэгуигъэп ТIасэ щхьэгъусэм жриIэрт:
- Узезыхуэр сыт, лIыжь? Уи жьыщхьэ уи махуэхэр тыншу щхьэ умыгъакIуэрэ? «Зыгуэр щIэ», – жиIэу хэт къодауэр? Хьэмэрэ дунейм щекIуэкI псори умыщIэну Iэмал имыIэу ара? Набгъэ ухъуарэ пэт, уи газет, тхылъ еджэныр щыбгъэтыркъым. Уэ абыкIэ пщIэжынур сыт, къодэуэнури къоупщIынури хэт? Уи щIалэгъуэм плъэгъуар урикъунущ цIыхум яжепIэжыну, – жиIэрт ТIасэ, лIыжьым и щхьэ игъэтыншу тIысыжмэ нэхъ къищтэу. – Уэ узыхэтым хуэдизым зрагъэлIалIэркъым уэ нэхърэ нэхъыщIэхэми. Я щхьэ зэрагъэтыншын иужь итщ псори.
- «Я щхьэ зэрагъэтыншынщ», жыпIа, зэрахуэр? ГъэщIэгъуэни ар! Я гур лэжьыгъэм хэмыхьэу… Я бын яхуэмыпIыжрэ, я щхьэр зыхуей хуамыгъэзэжыфу, щхьэхынэу цIыхур къэбгъэхъуну ара? Нэхъыжьым дилъагъуращ нэхъыщIэм ищIэжынур. Нэхъыжьым зэрихьэ Iуэхуращ нэхъыщIэм и плъапIэр. Дэ зэрыдгъасэщ нэхъыщIэр зэрыхъунур, къыддэплъеинущ, – жеIэ Нащ, зэхихар игъэщIагъуэу. – Я щхьэр зэрагъэтыншын… Апхуэдэ гупсысэ фIэкIа цIыхум имыIамэ, псэуфыну пIэрэт? Аращ сэ сызэджэхэм губзыгъагъэу къахэсхыр – цIыхур псэун щхьэкIэ гупсысэн, лэжьэн зэрыхуейр… ИтIанэ… Нэхъыжьым игъэлъагъуэращ нэхъыщIэм ищIэжынур. Нэхъыжьым нэхъыщIэр сыт хуэдэ IуэхукIи дэплъей хабзэщ. Пэжу, сыт сщIэжын сэ тхылъкIи газеткIи? Ноби пщэдеи сэ си пIалъэр? Ауэ сэракъым Iуэхур зытеухуар. Уэ уегупсысрэ нэхъыжьым игъэлъагъуэ щапхъэм нэхъыщIэр зэрырикIуэм? Дэ ди быныр Iейми фIыми зыдалъагъунур сэращ е уэращ. ЛэжьыгъэкIэ батэр сэ згъэшыжыркъым, ауэ солъагъу ди нэхъыщIэхэр нэхъыжьым дэплъей зэпыту къызэрытэджыр. ЩIэблэм я дежкIэ нэхъапэр лэжьэкIэ ящIэрэ щIэныгъэм хуэпабгъэу къэтэджынырщ. Къысхуэнэжа гъащIэм сэ щIэблэм яхуэсщIэжыфынур аращ.
Абы иужькIэ, зи бын зыущийхэм «Нащ и ущиекIэ» жаIэу къахуэнауэ хьэблэм дэлъащ зыкъомрэ икIи ар цIыхум сэбэп яхуэмыхъуу къэнакъым.

Нэхущ Хьэжпагуэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:41 Япон усэ зыбжанэ
18.04.2024 - 10:01 Тхылъ тыкуэным
15.04.2024 - 14:41 Адэм деж письмо
12.04.2024 - 17:57 Сыфхуоупсэ