ТекIуахэм - саугъэтхэр

Осетие Ищхъэрэ - Аланием и къа-  л­ащ­хьэ Владикавказ шахматхэмкIэ цIыху 200 зыхэта урысейпсо зэпеуэ щекIуэкIащ. Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм кIуат шахматист 20. Ахэр гупитIыу гуэшауэ щытащ - щIалэгъуалэмрэ балигъ­хэмрэ. Мыбы хэтащ я зэфIэкIкIэ зи цIэр Iуахэу Артемьев Владислав, Алексеев Евгений, Магомедов Магарам, Акинфеев Никитэ, Смирнов Павел, нэ­гъуэщI­хэри.

ЩIалэгъуалэм я зэхьэзэхуэм псоми щефIэкIащ  Текуев Эмир. Очко бжыгъэкIэ и Iуэху хъарзынэщ Тэрч ­къалэм щыщ Iэщыжь Iэдэм.
ЦIыхубз балигъхэм я деж етIуанэ увы­пIэр Щыхьмырзэ ФатIимэ къыщихьащ.
ЕтIуанэ махуэм шахмэт псынщIэхэмкIэ зэпеуати, 3-нэ увыпIэр къахьащ Елъкъэн Давид (ныбжьыщIэхэр), Джэдгъэф Чэмал (балигъхэр). ЦIыхубз­хэм я гупым щытекIуащ Щыхь­мырзэ ФатIимэ.
Япэ увыпIэр къэзыхьахэм кубокхэр, щытхъу тхылъхэр, ахъшэ ­саугъэтхэр къратащ. ЕтIуанэ, ещанэ хъуа­хэри гулъытэншэ ящIакъым.
ШАФИЙ  Аслъэн.

Поделиться: