Ди Iуэху еплъыкIэхэр зэтемыхуэми…Японием и министрхэм я секретарь нэхъыщхьэ Мацунэ Хирокадзу къызэрилъытэмкIэ, Москва илэжь Iуэхухэр зыкIи пхуэгъэзэхуэнукъым, абы къыхэкIкIи, Урысейм хуэгъэза санкцэхэм захъуэжынукъым, Украинэри даIыгъынущ. Урысейм иращIылIа санкцэхэмрэ Украинэм зэрыдэIэпыкъунумрэ теухуа Iуэхур Мацунэ иригъэкIуэкIа пресс-конференцым къыщиIэтащ. БгъэщIагъуэу уогупсыс: мы къэралым сыту псынщIэу щыгъупщэжа иджыпсту зи жыIэщIэ США-м Хиросимэрэ Нагасакирэ атом бомбэр щридзыхауэ зэрыщытар? Зи гугъу тщIы конференцым щытепсэлъыхьащ УФ-м и Президент Путин Владимир ТекIуэныгъэм и парадым къыщыпсалъэу, Урысейм зауэ къращIылIауэ зэрыжиIам. Абы теухуауэ журналистыр зыщIэупщIам жэуап щритыжым, секретарь нэхъыщхьэм тригъэчыныхьащ Украинэм зэрыдэIэпыкъунур, Урысейм иращIылIа санкцэхэри зэрыщIагъэхуэбжьэнур. Фигу къэдгъэкIыжынщ Путин Владимир Утыку Плъыжьым щыжиIар: «Дунейпсо терроризмэм дыпэщIэувэри идгъэкIуэтащ, апхуэдэуи, Донбассрэ абы щыпсэухэмрэ я шынагъуэншагъэр къызэдгъэпэщын тхузэфIэкIынщ». КъэхъуамкIэ абы къуаншагъэр ябгъэдэлъу къелъытэ къухьэпIэ къэралхэм я унафэщIхэм. «Москва къебий лъэпкъхэр къухьэпIэми къуэкIыпIэми щыIэкъым», - къыхигъэщащ абы. Японием мызэ-мытIэу жиIащ Урысейм хуэгъэза бэнэныгъэ иригъэкIуэкIыну, апхуэдэуи, Украинэр зэрыхузэфIэкIкIэ диIыгъыну. УФ-м хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Руденкэ Андрей апхуэдэ бгъэдыхьэкIэм ехьэлIауэ жиIащ Японием и правительствэр УФ-р дэкъузэн и лъэныкъуэкIэ США-м и блыгущIэту зэрыщытыр икIи японхэр мафIэгум ипэ иту жэуэ жыпIэ хъунущ. Урысейм ехьэлIа IуэхухэмкIэ чэнджэщэгъуу Японием пIалъэкIэ щыIэ Овечкэ Геннадий ТАСС-м и журналистым дригъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэм къыщыхигъэщащ Токио Украинэм и лъэныкъуэу къызэрыувам и зэранкIэ ди къэралхэм я сату, инвестицэ зэдэлэжьэныгъэхэм хэпщIыкIыу зэрыкIэрыхуар.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
03.05.2024 - 13:00 →
ЗэгурыIуэнукъым
27.04.2024 - 15:09 →
«Репатриант»-кIэ узэджэ хъунур хэт?
27.04.2024 - 09:58 →
Урысейм и парламентаризмэм и махуэм теухуа КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
25.04.2024 - 12:00 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ
|