Фалвар дигорхэм къахуищIа тыгъэр

Япэ Iыхьэ

Ди лъэпкъыр гъунэгъу лъэпкъхэм я IуэрыIуатэм къызэрыхэщым дауэ дыдимыхьэхынрэ? Нобэ фи пащхьэ итлъхьэ таурыхъыр цIыхум игъэщIэрэщIэжа хъыбару щытми, зытепсэлъыхьыр осетинхэм адыгэшхэм я нэхъ лъэрызехьэхэм хабжэ щолэхъур зэрахуэн зэрыщIадзарщ. 

 Зи гъащIэ кIыхьыр быныншэу езыхьэкIа Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ и жьы хъугъуэм зы мыщэ цIыкIу къуэуэ игъуэтыжат. Куэдрэ гъынэнащ Къуэгъулъкъуэ, ауэ мыщэ шырри фIэпсэкIуэдти, еуэри ипIын щIидзащ. Мыщэ шырри ауэрэ хохъуэ, кумбым зыри имыщIэу исщ, нэгъуэщI къалэн иIэкъым. 
 Зэман докIри, мыщэм щIалэхэм я зым зыхуегъазэ:
 - КхъыIэ, зекIуэ сыздэшэ!
 Арати, зекIуэлIхэм яхэту ежьа мыщэ шырыр зэрыгупу зыхуагъэфащэ лIыгъэр и закъуэ зэрихьауэ къокIуэлIэж. 
 ЗекIуэр зэфIэкIащ. Мыщэ шырыр аргуэру и ныбжьэгъум деж лъэIуакIуэ макIуэ: 
 - Си адэм къызигъэшэну схужеIэ.
 Модрейри Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм деж макIуэри и къуэм и гукъыдэжыр хуеIуатэ. Адэр къэгузэващ:
 - Алыхьышхуэм игу къызэбгъауэ пIэрэ? Дауэ сэ мыщэ шырым къызэрезгъэшэнур? Хэт ипхъу дызылъигъэхъунур?
 - ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и пхъум, - кърет жэуап ныбжьэгъум.
 - Сыт тщIэн, - жеIэ адэм, - дылъымыхъуу хъункъым. 
 Арати, лIыкIуэхэр яшхэм мэшэсри, ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и пхъум лъыхъуну йожьэ, псэлъыхъу мыщэ шырри я гъусэу. Гупыр ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIохъущыкъуэ и унэм нэса нэужь, псэлъыхъур, малъхъэхэм зэращI хабзэу, шым къопсых, хьэщIэщым щIохьэри, къуэгъэнапIэм къуотIысхьэ. АпщIондэху щауэкъуэтым ХьэтIохъущокъуэхэ яжреIэ:
 - Мис мыр Къуэгъулъкъу Къуэгъулъкъуэ хахуэм и къуэщ, фи пхъум къыщIоупщIэ.
 Ар зэрызэхахыу, бысымхэм зэщыджэу гъын щIадзэ. Хуэмурэ зэрытогъэужхэри, хъыджэбзым деж лIыкIуэ ягъакIуэ:
 - Ухуеймэ, уеттынщ, ухуэмеймэ, «хьэуэ» жыпIэну ухуитщ.
 - Алыхьышхуэм ар си натIэ къыщритхакIэ, сыарэзыщ сыдэкIуэну, - къажреIэ пщащэм.
 Арати, ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъумрэ мыщэ шырымрэ я нэчыхьыр ятх, щауэм нысащIэр IэплIэкIэ къещтэри, и унэ ехь. 
 ХьэтIохъущыкъуейдэсхэм я нэгу щIэкIыр зэрагъэщIэгъуэнур ящIэртэкъым:
 - ХьэтIохъущокъуэхэ я пхъур мыщэм иратащ!
 Жэщым пщащэр ятIэ унэ гуэрым щIагъэтIысхьащ, мыщэм ишхынкIэ гузавэхэри. ЦIыхухэр гъуэлъыжа нэужь, мыщэм ятIэ унэр нэм имылъэгъуа налмэскIэ кърищIыкIщ, езым  мыщафэр  зыфIихри, фэкIи  пкъыкIи  зыхуэбгъэдэфын  щымыIэ  щIалэ  къудан  лъагъугъуафIэу  зыкъызэкъуихащ.  Абы  и  псэр  бегъымбарым  и   Iу бахъэм  къыхащIыкIат, цIыху  дыдэу   щымытми.  

 

ЗэзыдзэкIар ЧЭРИМ Марианнэщ.
Поделиться: