Щхьэм имытмэ, лъакъуэм и мыгъуагъэщ

Хъыбар

Хьэхуу дызытет мы дунеижьыр пхужымыIэну гъэщIэгъуэнщ – абы къыщымыхъурэ щемыкIуэкIрэ укIуэдыж. ПщIыхьэпIэу слъэгъуами си фIэщ хъунтэкъым, лажьи хъати зимыIэ, илъэс щэщI хъуауэ къызэрызэджэ си цIэ къызэрыгуэкIым бэлыхь мыухыжым сыхидзэну. Фыхуеймэ, фи фIэщ фщIы, нэхъ къафщтэмэ, фымыщI, фи тхьэ фызэреплъщ, ауэ мыгъуэжь хъун си цIэм гузэвэгъуэм сыхимыгъэкIыну къысщохъу. ШыгъушыпсыпIэм сыхэзыгъэлъ а цIэр, къысхуэупсэ и гугъэжу, къызфIэзыщар сыкъэзылъхуа си анэрщ. Хабзэм къызэремызэгъыр ищIэ пэтми, яфIиукъуэдийри, егъэлеяуэ илъагъу и дэлъху нэхъыщIэ пасэу дунейм ехыжам и цIэр, фэеплъ щIыкIэу, къысфIищыгъащ. Абы зэреджэр Мухьэрбийт. Псоми зэращIэщи, ар, пыплъхьэни пыпхыни щымыIэу, адыгэцIэ къызэрыгуэкIщ. Си щхьэкIэ фIыуэ сыщыгъуазэу си къуажэгъу зыбжанэм къыхэмыщтыкIыжу ар зэрахьэ, зрамыусыгъуэджэу, нэмыплъ езыти къахэмыкIыу.
 Сэри а цIэр зесхьэрт, зыгуэр абы къипх, ар бгъэулъий хъуну нобэр къыздэсым сигу къэкIатэкъым. Ауэ, зызумысыжынщи, напэтех къысщыщIам си зэрани хэлъщ, сэращ си ныбжьэгъухэм щапхъэ яхуэхъуар. Сэ езыр зэрыщыту сыкъапщтэмэ, сыцIыху вэгъзэгъщ, хэти фIы гуэр хуэсщIэну си гур къабзэщ, ауэ сыжьэрэIурэщ, зыгуэр ауан сымыщIмэ, сыщIэмынакIэмэ, зэрыжаIэу, сшхыр си дзажэ дыхьэркъым. Сыхуэмейуэ Iэджэрэ бэлыхь сыхэзыдзэ, схуэмыубыдыж си жьэр сэ къыздалъхуащ апхуэдэуи, схуэубыдыркъым. IуэрыIуэдзу сызэрыщытым, куэдрэ къызэрызгъапцIэм къыхэкIкIэ, си ныбжьэгъухэр си нэ щIыбагъкIэ къызэрызэджэр «Хъуэжэ» цIэ гуемыIурщ.
 Псалъэ хъуэр зыхужыпIэн гъунэжу дунейм щыболъагъу, си ныбжьэгъухэр ныкъусаныгъэмрэ мыхъумыщIагъэмрэ щIагъэнащ, аращ ахэр щIэнэкIалъэ сымыщIын щIыслъэмыкIыр. КъыщыщIэздзар си ныбжьэгъухэм я цIэхэр зэхэзуцIэпIэнырщ, псалъэм папщIэ, Мухьэмэд сызэреджэр «Хьэм и дамэщ», Хъанджэрий «Джэрихъанщ», Хьэрун «Хьэм и унэщ». А фIэщыгъэ мыхъумыщIэхэр хэIущIыIу мэхъу, ди цIыхугъэхэм къапхъуатэ, ахэр зыхужысIэхэми, зэрыгурыIуэгъуэщи, гунэс ящыхъуркъым, я щIыхьыр игъэлъахъшэу къащохъу. ЦIэ лей зыфIэсща си ныбжьэгъухэр мащIэкъым. КъысщабзыщI, щIахъумэну яужь ит щхьэкIэ, абыхэм я дзэ къызэрысхуалъым, ялъ ящIэжыну зыгуэрхэр зэрауцIырхъым куэд щIауэ гу лъыстат… 
Си цIыхугъэхэм ящыщ зым и махуэр хуагъэлъэпIэнути, щэбэтым ирагъэхьэлIэри абы срагъэблагъэ. ХэщIапIэ ящIар щIыпIэ телъыджэт: псы Iуфэр иджыри щхъуантIэт, Налшык псы цIыкIум и даущ, Iущащэ макъхэм уатхьэкъурт. Дызэрынэсу дыпIащIэу Iэнэр къызэтедгъэуващ, зэш-зэхуефэри етхьэжьащ. Адыгэ Iэнэм сытым щыгъуи тхьэмадэр и унафэщIщ, ауэ гупыр къэжана нэужь, ари къыщрамыдзэж, щызэгурымыIуэж куэдрэ къохъу. Зи махуэр дгъэлъапIэм хъуэхъу къекIу хужаIэным и пIэкIэ, Iэнэ хъарзынэм псалъэ мышыум бжьыпэр щиубыдащ. СыхьэтитI хуэдиз дэкIауэ, зэмыдэIуэжыххэ хъуауэ, «Хьэм и унэ» зыфIэсща Хьэрун, дгъэлъапIэм псалъитI-щы хужеIэри, имыкурэ имыбгыу сэ къыстепсэлъыхьу щIедзэ. Нэхъыбэуи сызэригъэкъуаншэр я цIэхэр зэрызэхэзуцIапIэрщ, ауан зэрысщIырщ, дзы къазэрыхуэзгъуэтырщ, зыкъысфIэщIыжауэ, езыхэм нэхърэ нэхъ зызгъэгубзыгъэу сакъызэрыщыхъурщ. Игу фIы къызэрысхуимылъыр хуэмыбзыщIу, губжьауэ мыри щIегъуж: «Дэри зыгуэрхэр зэрытхузэфIэкIыр, пэкIэ псы дызэремыфэр къыгурыдгъэIуэн щхьэкIэ, сыныволъэIу нобэ щыщIэдзауэ абы «Мыр хьэм и бийщ» цIэмкIэ фIэкIа фемыджэну». Куэд щIауэ зи дзэ къысхуэзылъ си ныбжьэгъухэр абы IэгуауэшхуэкIэ арэзы техъуащ, хэбгъэзыхьмэ, щIагъужащ си цIэ дыдэмкIэ къызэджэхэм тезыр тралъхьэну.
 ЕтIуанэ махуэм къыщыщIэдзауэ си цIэ дыдэр зэи зэхэсхыжакъым. ЗыкъыщысхуагъазэкIи, нэгъуэщIхэми си цIэ къыщраIуэкIи зэхэсхыр «Мыр хьэм и бийщ» закъуэрт. ПщIэнтэкъым си цIэ дыдэкIэ къызэджэ мыхъуну къэралым унафэ къищтауэ фIэкIа. А махуэхэм къыщыщIэдзауэ си нэщхъыфIагъэри сфIэкIуэдащ, гъащIэми гурыфIыгъуэ хузимыIэж хъуащ.
 Насыпыншагъэр, зэ къежьамэ, щыгъэтыжыкIэ ищIэркъым. ЕтIуанэ узу сэ къызэфыкIыр си щхьэгъусэми кърапэс лейрщ. И унэхъугъуэр къикIри, абыи пасэрей «Куэзэ» цIэ мыхъумыщIэр фIащащ. Къуажэм дыщыдэсам, ар псоми тыншу къапсэлъыфырт, гуныкъуэгъуэ гуэри щыIэтэкъым, ауэ къалэм дыкъызэрыIэпхъуэу а насыпыншэри бэлыхьым хэхуащ. Урыс гъунэгъу а цIэр тэмэму къызымыпсэлъыфхэм я гугъу умыщIыххэми, адыгэ дыдэхэм дежкIи Куэзэм нэхърэ «Коза»-р нэхъ къэпсэлъыгъуафIэу къыщIэкIащ. Си щхьэгъусэм и цIэр зыщIэ си ныбжьэгъу IэубыдыпIэншэхэми ар къамыгъэсэбэпу къэнэнт, а угъурсысхэм ящыщ зым къыхилъхьэри, сэ псори «бжэным и щхьэгъусэкIэ» къызэджэу щIадзащ. 
 ЗэщхьэгъуситIыр дызыхэхуа Iуэху мыфэмыцым и хэкIыпIэ хъуным зэман хъарзынэкIэ си щхьэр тескъутащ: икIэм-икIэжым сызыхуэкIуар зыщ – сыт хуэдизкIи нэхъ псынщIэу паспортхэр хъуэжынырщ. Си унэгуащэм сыщечэнджэщым, псалъэ къыхимыгъэкIыу арэзы хъуащ – куэд щIауэ езыми къытехьэлъэрт и цIэм бэлыхьищэ зэрыхигъэтыр. ПаспортыщIэ къыдэхыным гугъуехь Iэджэ пыщIащ, ауэ сэ къалэм сыкъызэрыIэпхъуэрэ хэкIыпIэ хъарзынэм IэкIуэлъакIуэ сыхуэхъуащ – сызэкIуалIэ унафэщIхэм сызыхуейр дахэкIэ къызогъащIэ. КъулыкъущIэ нэхъ лъагэхэм сэ схуэдэхэр жыжьэрэ гъунэгъуу зрагъэкIуалIэркъым, кIуэгъужэгъу ящIыркъым, сэ абыхэм сазэрыхуеищи щыIэкъым. Iуэхутхьэбзэ мащIэ сызыхуейр, зэман куэди тезмыгъэкIуадэу, щIэстышхуи щымыIэу нэхъ къулыкъу цIыкIу зыIыгъхэм схузэфIагъэкI. Ди щыхьэрым сэ сыкъэзымыцIыху унафэщI щыгъуэтыгъуейщ, сытемыуIуэу лъакъуэкIэ зи бжэр Iузмых абыхэм яхэткъым. Ди щIалэгъуэм щыгъуэ ахэр къыдэпхьэхын, узыхуэныкъуэ тIэкIур къебгъэщIэн щхьэкIэ акъылышхуи ухуейтэкъым – укъэзымыгъэпцIэжын Iэщэ нэхъ лъэщу абы иIэр щытхъурт, ар зыфIэмыфI, зи псэм дэмыхьэ абыхэм зыри яхэттэкъым. Абы и щIыIужкIэ, иумыгъэлейуэ щытхъупс къебгъэжэхын хуейт и щхьэгъусэм, и бынхэм, зыщыбгъэгъупщэнкIэ Iэмал зимыIэт ахэр къыщалъхуа махуэхэр, мылъапIащэми, цIуугъэнэ гуэрхэр хуэпшииныр.
 Нобэ ахъшэм зэфIэкI мыкIуэщIыжхэр иIэми, нэхъапэм къулыкъущIэр къызэрыдэпхьэхыфыр нэгъуэщIт: абы ущригъусэм, ар уэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыщIэми, ижьырабгъур лъыгъэсынырт, бжэм щыщIыхьэкIэ ар хуIупхынырт, иужь уиту здэкIуэм нэбгъэсынырт.
 ТIэкIу сызэрытехьэулеикIар къысхуэвгъэгъунщ. А псор къыщIезгъэкIуэкIар паспортхэр зыхъуэж IуэхущIапIэм и унафэщI майорыр сызэрицIыхугъэрщ. КъызэрысхуищIэнум шэч къытезмыхьэу, пIалъи къыхэзмыгъэкIыу, абы деж сокIуэри, сызытекIухьар хузоIуатэ. БащэкIэ сызыщыгугъа си ныбжьэгъум, Iэли уди, сызыхигъэзагъэркъым, тхьэ щеIуэж хабзэми къемызэгъыу, хэIущIыIу хъумэ, и лэжьапIэми трагъэкIыну. Абы къригъэкIуэкI псысэхэм сэ сыткIэ сыхуейт, сэ фIыуэ сыщыгъуазэу апхуэдэ къемызэгъ куэд щэхуу абы зэфIихат. Щымыхъужыххэм, изоубыдылIэри жызоIэ: «ПаспортитIыр тфIэкIуэдауэ лъэIу тхыгъэ пхузотх, уи деж щIызолъхьэри, адрейр уи тхьэ узэреплъщ». Зэрымыхъуныр езыми къыгурыIуэжа е тобэ къихьыжа, икIэм-икIэжым ар арэзы мэхъу, зы стIол цIыкIу къызэрызэзгъэпэщыпхъэри къыскъуедзэж.
 Зы тхьэмахуи дэкIагъэнтэкъым ди паспортхэр зэрыхьэзырымкIэ си ныбжьэгъум хъыбар къыщызигъэщIам. Жьы тезмыгъапсэу псынщIэу сокIуэри, дызэрызэгурыIуа цIэхэр – Хьэсэнрэ Нафисэтрэ – иту ахэр къызетыж. Дунейр схуримыкъуу сыгуфIэу, пщыхьэщхьэр къысхуэмыгъэсу си щхьэгъусэр щылажьэ поликлиникэм сокIуэри, паспортыщIэр абы IэщIызолъхьэ.
 Алыхьым ещIэ къызэращIар, ди цIэхэр зэрызэтхъуэкIам и хъыбарыр си ныбжьэгъухэм зэхах, жэщ-махуэ ямыIэу къопсалъэ, къыдохъуэхъу, я псалъэ мышыухэм ди щхьэр щIыдагъэхьащ. ЗэгурыIуа хуэдэ, псоми зытрагъэчыныхьыр зыщ: хабзэкIэ цIэ фIэщ джанэ зэрытхуагъэхьэзырарщ, апхуэдэ Iуэху щхьэпэр умытхьэщIу къэбгъэнэныр къызэремызэгъырщ. Сыт тщIэнт, щымыхъужыххэм, шхэн-ефэным зи нэр къыщипхъуа гупыр къыдогъэблагъэ. СымыцIыху гуэрхэри зыщIагъури къокIуэ, зэрыжаIэу, диIи димыIи зэхудохьэсри, екIуу догъэхьэщIэ. ЯмыщIафэ иужькIэ зытрамыгъэуэн щхьэкIэ, мызэрэ мытIэу къытедгъэзэжурэ цIэщIэ зыфIэтщахэр яжыдоIэ.
 ЕтIуанэ махуэм лэжьапIэ сыздэкIуам, дыгъуэпшыхь згъэтхъахэри сыкъэзымыцIыхухэри, зэгурыIуа хуэдэ, къызэрысIущIар мыухыж бэлыхьхэм сыхэзыдза «Мыр хьэм и бийщ» цIэ лейрщ. Си цIэщIэр ящыгъупщэжагъэнкIэ хъунщ жызоIэри, зытхухрэ къытезгъэзэжурэ ягу къызогъэкIыж. «Фэзгъэшхари фызэзгъэфари хьэрэм фхухъу, си цIэр сыту псынщIэу фщыгъупщэжа», – сыгубжьауэ щажьэхэздзэм, абыхэм ящыщ зым къыспедзыж: «Уэ зыфIэпщыжа цIэм дэ дыхуейкъым, ар дурыскъым, уэ улIэжыху зепхьэн хуейр укъэзылъхуа уи анэм къыпфIищарщ. Уэ зыми хуит уищIакъым узыхуэмеиж хьэпшыпыжьу ар ибдзыжыну. Ар уи напэми щIыхьми къезэгъыркъым».
 Сэри къызгурыIуэжат ар щыуагъэу зэрысIэщIэщIар, ауэ тезгъэзэжу паспортыщIэ щхьэкIэ сылъаIуэу сыдыхьэжыныр, арыншами текIа си напэм къысхуегъэзэгъакъым. Апхуэдиз зэманрэ мылъку димыIэмрэ зытедгъэкIуэда цIэщIэхэмкIэ иужькIэ зыри къыдэджэжакъым, хьэм нэщI дыщыIуауэ къыщIидзыжащ. Сэ ар схуэфащэщ, къэзлэжьыжащ, сэ схуэдэ насыпыншэ гуэру къыщIэкIынущ адыгэм «Щхьэм имылъым лъакъуэм и мыгъуагъэщ» зыхужиIар. 
 

 

ПЭЖ Андемыркъан.
Поделиться: