ГурыщIэ дахэм теухуа уэрэдхэр зи IэдакъэщIэкI Багъэтыр Нинэ

КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ, уэрэдус, журналист Багъэтыр Нинэ  Тэрч щIыналъэм хыхьэ Акъбащ Ипщэ (Астэмрей) къуажэм къыщалъхуащ. Абы дэт курыт еджапIэр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и тхыдэ-филологие факультетыр къиухащ. 1983 гъэ лъандэрэ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом щолажьэ. А IэнатIэм абы зыкъыщигъэлъэгъуащ зи IэщIагъэм хуэIэижь журналисту. Багъэтырыр Урысей Федерацэм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэтщ. Урысейм и Артиадэм и лауреатщ.
Абы игъэхьэзыр «Макъамэ», «Ди зэIущIапIэм» радиожурналхэм цIыхухэм ягу дыхьэу йодаIуэ. Ахэр ятеухуащ республикэм и щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм я цIыху пашэхэм. Радиом и гъэтIылъыгъэм хэлъщ абы и нэтыну 100-м щIигъу.
 Нинэ и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр щызэхуэхьэсауэ диск зыбжанэ дунейм къытехьащ. Нинэ и IэдакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ къытохуэ ди респур
бликэм къыщыдэкI журналхэмрэ газетхэмрэ.

УэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Зеущэ Iэуесрэ Нинэрэ зэдагъэхьэзыра «Гъуэгу махуэ» альбомыр 2007 гъэм дунейм къытехьащ. Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 450-рэ зэрырикъум хуэгъэпса а альбомым уэрэд 16 ихуат. Урыс пащтыхь гуащэ Идар Марие (Гуащэнэ) хуиуса уэрэдхэр, Тэрч къалэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 130-рэ зэрырикъум  триухуа «ЕфIакIуэ, Джылахъстэней!» уэрэдыр, куэдым фIыуэ ялъэгъуахэу «КъэкIуэж, адыгэ!», «Къэбэрдей», «Астэмрей», «Си Ботэщей», «Уей, си шагъдий», нэгъуэщIхэри ихуащ абы.
2022 гъэм Нинэ «ГъащIэм и уэрэд» зыфIища уэрэдылъэр къыдэкIащ. ГурыщIэ дахэм теухуауэ абы щызэхуэхьэсащ «Сыдэпхьэхащ», «ГъащIэм и уэрэд», «Джэгум», «Уэ уогушыIэ», «Дэнэ ущыхэт?», «Мазэу узолъагъу», «Лъагъуныгъэм къегъэзэж», нэгъуэщIхэри.
Багъэтырым и махуэмкIэ дохъуэхъу, узыншагъэ щымыщIэу, ефIакIуэу, илъэс куэдкIэ лъэпкъ литературэм, журналистикэм хуэлэжьэну ди гуапэщ. 
 
 Багъэтыр Нинэ

 

* * * 
Аргуэру жыгхэр мэгъагъэр...
 Хъужами пцIы къызжепIахэр,
 Аргуэру си гур мэгугъэр,
 Гъэгъащи гулъ къэтIэпIахэр.
 ЗэгъащIэ, кIэншэщ гугъапIэр, 
ЩIэщыгъуэ пщещI абы гъащIэр,
 КъыуегъэIэтыжыр уи напIэр, 
Псэ къыпхелъхьэжыр щIэрыщIэу. 
Къысхуехь сэ гъатхэм гугъэщIэ, 
Дунейр уэзырауэ къысщохъу,
 Щыхошыр си гум лъагъуэщIэ, 
Гъуэгу гъусэ мы гъащIэм щысхуэхъу.

* * * 
Сыт къысхуепсыжкIэ сэ дыгъэр? 
Сигъэхуэбэжкъым уи плъэкIэм.
 Сыт къызэбдзыжкIэ уэ лыгъэ? 
МафIэ ищIыжкъым уи хъуаскIэм. 
Сыт къызжиIэн сэ мазэщIэм?
 Уэрыншэу зэшыгъуэщ дунейр, 
ЖэщкIэ сепщIыхьми гурыщIэм, 
IэфIыжкъым гухэлъым я лейр. 
Сыт сахэплъэжкIэ вагъуэбэм?
 НэгъуэщIщ зыхуэблэр ууейр. 
Уэрт сэ къэслъытэр насыпу, 
Мы си псэр зэджэр, сызейр...
 Ужьыхыжащ лъагъуныгъэр, 
Ар нуру къысхуэмыблэж.
 Ауэ уахътыншэщи гугъэр,
 Си гъусэ пэжу къонэж.
* * *
 Сэ сыгуфIэху, 
Ныбжьэгъур мэхъу нэщхъей,
 Си гур хэхъуэху, 
И нэщхъыр мэхъу нэхъ Iей. 
Сэ сыгуфIэху, 
Ныбжьэгъур мэгужьей. 
Сэ сефIэкIуэху,
 Абы зыкъысщедзей. 
Сэ сыгуфIэху,
 Ныбжьэгъум хощIыр игу, 
Си Iуэхур хъуху, 
Сэ ар къысхуохъур дэгу.
 Сэ сыгуфIэху, 
Ныбжьэгъур щIэтщ си нэгу, 
Сыхуейт слъагъуху, 
И щIыхь исхьэну уэгу. 

Уэрэдхэр 

ЖЭНЭТ ЩIЫНАЛЪЭ
 Жэнэт щIыналъэу Къэбэрдей, 
Си гъащIэм и уэрэд, 
Йожьу Шэрджэсыр, Адыгейр, 
Зэтохуэр ди мурад.
 Лъэпкъ пшынэм къокIыр ислъэмей,
 Утыкуми зеубгъу, 
Адыгэр поплъэри пщэдей, 
Егъаджэр и бжьамийр. 
Уэру йожэхыр уи Тэрчыпс, 
Шэрэджи емызэш,
 Къыстемыпсамэ уи дыгъэпс,
 Сэ хуабжьу сыпхуозэш,
 Си адэжь къуэпсу Къэбэрдей, 
Шэрджэсри зи къуэш,
 Псыжьыр щежэхыу Адыгей, 
Зы гъуэгу дэ пхырыдош. 
Мэлъалъэр Iэгур, хъуамэ джэгу, 
Пшынэбзэр зэролъэлъ, 
Нехьэсыр Iуащхьэмахуэ щыгу, 
Макъамэм си гухэлъ, 
Щоджэгур щIэблэри си щIыгу
 – Сысейщ сэ щIы хъурейр, 
Хуабагъэ щыщIэркъым си жьэгу, 
Мэгъагъэр си дунейр! 
Си адэжь къуэпсу Къэбэрдей, 
Шэрджэсри зи къуэш, 
Псыжьыр щежэхыуАдыгей, 
Зы гъуэгу дэ пхырыдош! 
 
 СИ АДЭ
 Сытым щыгъуи уи гукъэкI, си адэ, 
СыщымыщIэу изохьэкI си гъащIэр,
 Iэдэбагъыр уэ къобэкI, си адэ, 
СогъэщIагъуэр уи щабагъ игъащIэм.
 Ежьу: 
Мы ди тхьэшхуэм сэ солъэIур, 
Зи пщIэр лъагэу, фIыуэ слъагъу си адэ, 
Узыншагъи ущымыщIэурэ,
 Уи бзэ IэфIми сыщымыщIэурэ, 
Илъэс куэдкIэ тхьэм усхуигъэпсэу, 
Сядэ лъапIэр тхьэм усхуигъэпсэу! 

СфIэфIщ уи псалъэ седэIуэн, си адэ,
 СыхоткIухьыр уи гуапагъ, гулъытэм, 
Уи чэнджэщхэр дамэ схуохъу, си адэ,
 Афэху джанэ сыпхуэхъунт, слъэкIатэм. 
Ежьу. 
Сыхъужами сэ балигъ, си адэ, 
ЗыхызощIэр уи гум и хуабагъыр, 
Уи къуэрылъху-пхъурылъхуми, си адэ,
 Лъыбогъэс адэшхуэм и IэфIагъыр. 
Ежьу. 

ДЖЭГУМ
 Пшынэ макъамэм сызыIэпешэри, 
Джэгум сыхешэ, си пIэм среш.
 Пшынауэ Iэзэми къафэр къреш,
 Утыкум итри – си дунейщ. 
Ежьу: 
Джэгум, джэгум 
Пшынэр щоджэгурэ, 
Си нэр щIэджэгум 
ЕщI ислъэмей! 
Гур къыщIилъэтым 
ЕщIыр ислъэмей!
 Iэгур лъэлъамэ, щIыр къыпэджэжурэ 
Джэгум зеIэтыр, гури пIэпех,
 Ди лъапэрисэми псори дехьэх, 
Псэр дэзыхьэхри – си дунейщ. 
Ежьу. 
Жэщым вагъуэхэм мазэр къафыхьмэ,
 ЩIылъэм щокIуэкIыр адыгэ джэгу,
 ГущIэм щызгъафIэри нэгум щоджэгу, 
ЩIыгум къыщыфэри – си дунейщ. 
Ежьу

Поделиться: