Къалэ Мухьэмэд и рекордыщIэДи щIэджыкIакIуэхэр щыгъуэзэн хуейщ нэхъ пасэу зи гугъу тщIа, Джэдыкъуэ Плъыжь шыгъэжапIэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм. «Урысей кубок» саугъэтым щIэбэнахэм я хъыбар фхуэтщIа щхьэкIэ, а зэхьэзэхуэм адыгэшым лъагапIэщIэ къызэрыщигъэлъэгъуар гулъытэншэу къэнащ. Iуэхум щыгъуазэ дещI Адыгэшыр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ фондым. Километри I60-рэ зи кIыхьагъ зэхьэзэхуэм шу 12 хэтащ. «Урысей кубок» саугъэтыр хуэфащэ дыдэу къыIэрыхьащ зы сыхьэтым хуэзэу километр 19, 82-рэ иIыгъыу, шыми и щытыкIэр зэрыхуэфэщэну къызэтенэу, кIэухым нэса Къалэ Мухьэмэд. Псори зэхэту абы и гъуэгуанэм текIуэдащ сыхьэти 8-рэ дакъикъи 4-рэ секунд 26-рэ. Мыбы ипэ щыIа рекордри зыгъэувар Мухьэмэдт. Иджыргуэрым шууей лъэрызехьэм адыгэшми, и щхьэми, щIыналъэми пщIэ къыхуихьащ. Шухэми, шыхъуэхэми ягъэщIагъуэурэ зэIэпах «хъуаскIэ къызыхих кIэух» зыфIаща, Къалэм и иужьрей гъуэгуанэ Iыхьэр зэрызэпичар къыщыгъэлъэгъуа сурэтхэмрэ видео кIэщIхэмрэ. Зэрытлъагъущи, узэгугъур къогугъуж. Адыгэшыр инджылызышымрэ хьэрыпышымрэ лъэщIыхьэнукъым жызыIэхэм иджы я гупсысэм шэч къыщытрахьи къахуохуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу иджыри зы адыгэшым – Къудей Хьэсэн зытеса Азан – 4-нэ увыпIэ къихьащ. ХакIуапцIэм ику ит псынщIагъыу иIыгъащ зы сыхьэтым хуэзэу километр 14, 22-рэ. Гъуэгуанэм сыхьэт 11-рэ, дакъикъэ 15-рэ секунд 17-рэ тригъэкIуэдащ. Километри 120-рэ гъуэгуанэм япэ увыпIэ къыщихьащ Сыжажэ Анатолэ зытеса Сапфирэ. Урысейм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къикIауэ, Джэдыкъуэ Плъыжьым щызэпеуащ шууи II3-рэ.
ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:
Читать также:
07.05.2024 - 15:37 →
Багъ Идаррэ Бекъул Миланэрэ Европэпсо зэпеуэм макIуэ
06.05.2024 - 15:33 →
Тхум щыщу тIум
06.05.2024 - 14:02 →
Спорт хъыбархэр
04.05.2024 - 11:00 →
Урысейм и чемпион Шэрий Иналбэч
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
|