Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

          МафIэсым щызыхъумэ IэнатIэхэм мафIэс къызэрыхъуамкIэ хъыбар  зэрырагъащIэ Iэмалхэр тIууащIэу щытыныр къызэрызэрагъэпэщыну Хабзэр  къэщтэным и IуэхукIэ

2023 гъэм накъыгъэм и 30-м        Налшык къалэ    №100-ПП

«МафIэс шынагъуэншагъэм и IуэхукIэ Федеральнэ закон №69-ФЗ-уэ 1994 гъэм дыгъагъазэм и 21-м къыдэкIамрэ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мафIэс шынагъуэншагъэр зэрыщыгъэувам и IуэхукIэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Закон №40-РЗ-уэ 2009 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м къыдэкIамрэ   япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:

МафIэсым щызыхъумэ IэнатIэхэм мафIэс къызэрыхъуамкIэ хъыбар зэрырагъащIэ Iэмалхэр тIууащIэу щытынр къызэрызэрагъэпэщыну Хабзэр къэщтэн.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков  Алий.

Поделиться: