Урысыбзэм и махуэр ягъэлъапIэу![]() Урысыбзэм и махуэр махуэгъэпсым къыщыщыунэхуар 2010 гъэращ, ООН-м жылагъуэм хуаIэ пыщIэныгъэмкIэ и департаментым зэгухьэныгъэм Iуэху зэрызэрихьэ бзихым хухэха махуэщI гъэувын хуейуэ къыхилъхьа нэужь. Урысыбзэр славяныбзэхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэщ, абы ирипсалъэхэм я бжыгъэм тепщIыхьми, дуней псом нэхъыбэ зэрыщызэгурыIуэ бзипщIым хохьэ. Махуэшхуэр трагъэхуащ мэкъуауэгъуэм и 6-м - тхакIуэ, усакIуэ, драматург цIэрыIуэ Пушкин Александр къыщалъхуам.
Илъэс епщыкIущанэ хъуауэ ар Iэтауэ щагъэлъапIэ ди къэралым и щIыналъэ псоми. Урыс классикыр къызэралъхурэ илъэс 224-рэ щрикъум мы гъэм ирихьэлIа махуэшхуэр ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зэрихьэу Налшык дэт сабий бибилиотекэм щагъэлъэпIащ. ЩIэджыкIакIуэ ныбжьыщIэхэм папщIэ библиотекэм и лэжьакIуэхэм къызэрагъэпэщат Iуэху дахэ зыбжанэ, лъэпкъхэм зэдай «Пушкиным зэгъусэу дыкъоджэ» XIII Iуэхум хыхьэу. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, Пушкиным и усыгъэхэм фIыуэ хэзыщIыкIхэм я батл-литературэ зэпеуэр, «Зэманымрэ гъащIэмрэ дапхыкIыу Пушкиным дыIуощIэ» слайд-зэпсэлъэныгъэр, «Классикэм сурэт худощI» арт-гъэлъэгъуэныгъэр.
Поделиться:
Читать также:
15.09.2023 - 16:50 →
ФокIадэм и 17-р Мэзым и махуэщ
17.07.2023 - 16:16 →
Пщэдей Металлургым и махуэщ
07.07.2023 - 11:48 →
Илъэс 87-рэ гъуэгуанэ
16.06.2023 - 16:12 →
ЖыгыщIэхэр уэгъу зэтеIыгъэщ
05.06.2023 - 14:10 →
ПсыщIэгъэлъадэм и махуэ
|