ЩэуапцIэ

ЛIыжь гуэрым зы къуэ иIэт, ЩэуапцIэ жари. ЗекIуэ ежьэнуи гъуэгу техьэнуи и ныбжь нэсатэкъым ЩэуапщIэ. ЩIалэщIэт, щIалэщIэми, лIы къызэрыхэкIынур фэуэ тетт. И адэм и гуапэ хъунтэкъэ ар: и нэIэ тригъэкIыртэкъым, цIыхум зэрахишэным пылъ зэпытт.
ЛIы гуп щакIуэ ежьауэ щызэхихым, ЩэуапцIэ и адэр елъэIуащ:
- Си щIалэри гъусэ фщIы, Iэпыдзлъэпыдз фхуэхъунщ, - жери.
ЩакIуэ здашащ щIалэр. Мэзым пщыIэ щыхасэри, зы бланэ къащэкIуауэ, шэджагъуэ хъуати, ЩэуапцIэ къыжраIащ:
- ЩэуапцIэ, псыхьэ тхуэкIуэ.
Псылъэр къищтэри, ЩэуапцIэ псыхьэ ежьащ. Псынащхьэм нэсауэ, зы фэнд цIыкIу къыпэщIэхуащ, чысэ хуэдиз хъууэ. Фэнд цIыкIур хэгъуати, псым хилъхьэри игъэщIытащ.
- ФэндымкIи здэсхьынщ псы, - жери псы къыщригъахъуэм фэндыр хэкIащ. Псылъэмрэ фэндымрэ ярыз псы щакIуэхэм къахуихьащ.
Я щэкIуэн зэфIэкIри, гупыр мэзым къыхэкIыжащ. ЩэуапцIэ фэндыр унэм къыздихьащ, и адэм иригъэлъагъури :
- Сыт гъэщIэгъуэн, жиIащ, - псы къыщизгъахъуэм фэндыр хэкIащ.
ЩэуапцIэ и адэр фэндым еплъащ.
- Мыр фэндкъым, - жиIащ абы. Мыр цIыху нэгъущ, аращ щIыхэкIар. «Уи адэм и пащIэр къыпыупщIи, къилъхьэ», - жеIэ цIыхум и ныбэм. НыбэкIэ узыхуэмысакъыжмэ, емыкIу къэпхьынущ.
Ар игу ирилъхьащ къуэм: абдеж щригъажьэри ныбэкIэ емыкIу къызэримыхьыным пылъащ, дунейм тетыху.
КъыдэкIуэтейри, ЩэуапцIэ гъуэгу техьэ хъуащ, гъуэгу техьэ хъури и цIэр жылэм хэIуащ, лIыгъи цIыхугъи хэлъщ, цIыхум къызэрилъхуар игъэгъуэщакъым, къыхужаIэ хъуащ.
Пщы гуэр, зекIуэ ежьауэ, ЩэуапцIэ и хъыбар зэхихащ. Гъуэгум щепсыхауэ зэхэсти, пщым и гъусэхэм къыжраIащ:
- ЩэуапцIэ гъусэ тщIамэ, дыхущIегъуэжынтэкъым, - жари.
- СыткIэ цIэрыIуэ зи гугъу фщIыр? - щIэупщIащ пщыр.
- ЛIыгъи цIыхугъи хэлъщ, - къыжраIащ, - гъуэгум укъытринэнукъым. И щхьэкIэ дымыцIыхуми, и хъыбар зэхэтхащ.
ЩIалэр игъэунэхун мурад ищIащ пщым, гупыр игъэшэсыжри иришэжьэжащ.
- Зи щытхъу жыфIэр гъусэ тщIынщи, и лIыгъэ деплъынщ, - жери.
Гъуэгум зы щIалэ щрихьэлIащ зекIуэлIхэр, мэкъушэ къикIыжу.
- ЩэуапцIэкIэ зэджэм я унэ дыбгъэлъагъун? - жиIащ пщым. - ЩэуапцIэ дыкъыкIэлъыкIуащ.
ЩIалэр пыдыхьэшхыкIащ.
- Щхьэ удыхьэшхрэ? – къеплъащ пщыр.
- Шу гуп къысхуей щIэхъуарщ сыщIэдыхьэшхыр, - жиIащ ЩэуапцIэ. - Сэ апхуэдэ схуэфащэ?
- Уэра ЩэуэпцIэр?
- Сэращ. Фыкъысхуей щIэхъуарщ сымыщIэр.
- Къэтлъыхъуэр уэрамэ, зекIуэ дежьащи, гъусэ утщIынущ, - жиIащ пщым. – Уныддежьэн?
- ФхуэсщIэшхуэн щыIэкъым, - жиIащ ЩэуапцIэ. - Фэ гъусэ сыфхуэхъуныр пщIэщ.
Мэкъугур иунэщIри, ЩэуапцIэ зекIуэлIхэм ядежьащ.
Гъуэгу здытетым, гупыр епсыхыху, ЩэуапцIэ зы мэжаджэ бзыгъэрэ зы кхъуей Iыхьэрэ кърат - абы фIагъэкIыркъым, щIалэр ягъэунэхун мурад ящIащи. ЩэуапцIэ мэжаджэ бзыгъэр зэпещIыкIри и ныкъуэр ешх, и ныкъуэр и гъуэмылалъэм ирелъхьэ. Ар имылъагъу нэпцI зищIащ пщым…
И хэгъэрей гуэрым и жылэ блэкIын хуейти, пщым и хэгъэрейм хъыбар иригъэщIащ:
- Мыпхуэдэ псынащхьэм деж къекIуалIэ: зы щIалэ псыхьэ нэзгъэкIуэнущи, фыкъыпэуви, и лIыгъэр здынэсыр вгъэунэху.
И хэгъэрейм хъыбар иригъэщIа нэужь, пщыр ЩэуапцIэ еджащ, - псыхьэ тхуэкIуэ, - жери.
Псылъэр къищтэри, псыхьэ ежьащ. Псынащхьэм къыщыпэтIысати, шу гуп мэзым къыхэжри щIалэм зыкърадзащ. Зыкърадза щхьэкIэ заIэригъэхьакъым: къэшэсыжри шым къелъэдэкъэуащ, модрейхэр иужь къиужьгъащ. ЗыщIимыгъэхьэурэ, шу гупыр шукIапсэ хъуа нэужь, ЩэуапцIэ зригъэзэкIри шу гупыр зэщхьэщиудащ, я шыр къызэщIикъуэри къихуащ.
Пщым и хэгъэрейр шым къыкIэлъысащ.
- Зиунагъуэрэ, щIалэр уэзгъэунэхунущ жыпIэри, емынэ нытхэбутIыпщхьащ, шымрэ лIымрэ дызэтриудри ди шыр къихуащ. Шыр къыдэфтыж, - жиIащ пщым и хэгъэрейм.
- Ептыжрэ, ЩэуапцIэ? - щIалэм еупщIащ пщыр.
- Къэхуныр си Iуэхути, къэсхуащ, - жиIащ ЩэуапцIэ - естыжынщ жыпIэмэ, хуитыр уэращ.
И хэгъэрейм шыр иритыжри, пщым гупыр иришэжьэжащ. Здежьам нэсри, я Iуэху зэфIэкIауэ, гъуэгу къытехьэжащ гупыр. КъыздэкIуэжым, гъуэмылэр къаIэщIэухащ. КъащыIэщIэухэм, ЩэуапцIэ и гъуэмылалъэр къахуигъэтIылъащ:
 - Мыбы дынигъэсыжынщ, - жери.
- ЩIалэм дидзыха мэжаджэмрэ кхъуеймрэ гупыр я жылэ нихьэсыжащ.
Пщыр зекIуэ къикIыжмэ, фадэ-пIастэ къыхуащтэ хабзэти, гупыр унэм ирашэри жэщищ-махуищкIэ къагъэхьэщIащ. ЩэуапцIэ и тэмакъым щIэхуэнури игъэунэхун мурад ищIащ пщым. Гупыр игъэIущащ:
- Iэнэм дыпэрысыху, «нокIуэ!» жыфIэу ЩэуапцIэ фемыджэ, - жери.
Iэнэм жэщищ-махуищкIэ пэрысати, «нокIуэ!» къыжраIакъым ЩэуапцIэ: хъуахъуэри махъсымэ фалъэр ЩэуапцIэ къыбгъурысым иратати, абы щыгъуи зыри жиIакъым, уэрэд къыхадзамэ, ядежьууэ ябгъэдэсащ жэщищми махуищми.
- Си хьэщIэ, - жиIащ пщым итIанэ, - лIыгъэ зэрыпхэлъри, ныбэкIэ емыкIу къызэромыхьынури, узэрытэмакъкIыхьри слъэгъуащ. Уэр фIэкIа а псор зыми дэслъэгъуакъым.
- А псор зыхэлъ щыIэ? - и щхьэ трилъхьакъым ЩэуапцIэ.
- ЩыIэщ. Уэ бдэслъэгъуащ, тхьэр къыпхуэупсащ абыкIэ. Хэт ухуэзыгъэIущар, хьэл щыпхуэхъуар дэнэ?
- СыщIалэу, щакIуэхэм садэжьауэ, псыхьэ сагъэкIуати, псынащхьэм зы фэнд цIыкIу къыщыспэщIэхуэгъащ. Псы къыщизгъахъуэм, фэндыр хэкIащ. Унэм къыздэсхьри фэндыр ди адэм езгъэлъэгъуащ. «Мыр цIыху нэгъущ, - къызжиIащ ди адэм, - щIыхэкIар аращ: цIыхум и ныбэм иплъхьэр ихуэнущ, емыкIу къуигъэхьыныр бетэмалщ». НыбэкIэ емыкIу къызэрызмыхьыным сыпылъащ абы лъандэрэ… Саубыдын мурад ящIри, псынащхьэм шу гуп къыщыспэтIысауэ сазэрихьэлIар флъэгъуащ. Си хьэм дэслъэгъуар сигу къэкIыжащ абдежым. ЩакIуэ сыщыIауэ зы жылэ сыкъыблэкIыжрэ пэт, жылэм къызэрыдэхри, си щэкIуэхьэм хьэ къежащ. Жылэм къызэрыдэха хьэр губгъуэм иришэри, хьэкIапсэ зэрыгъэхъуа нэужь, си щакIуэхьэм зыкъигъазэри зэрыз хъуа хьэхэр итхьэлащ. Абдежым гу лъыстащ шу гуп къожами, Iэмал уахуекIуэ зэрыхъунум.
- Ари хъунщ, - жиIащ пщым. - ТэмакъкIыхьыгъэм ухуэзыIущари сыт?
- Уи тэмакъым щIэмыхуэнуIамэ, уи унэ уимыкI, гупи уахэмыхьэ. ТэмакъкIыхьагъкIэ цIыхухэр зэщхькъым. Ар къыбгурыIуэмэ, уи щхьэм ухуэсакъыжынщ. Ди адэм и етIуанэ псалъэщ ар, - жиIащ ЩэуапцIэ. - Абы пцIы зэрыхэмылъыр згъэунэхуащ.
- Упсэу! – жери, пщым Iэнэр къригъэухуэжащ, ЩэуапцIэ къигъэхьэщIэри, игу зэгъауэ, къригъэжьэжащ.
 
 
Къэрмокъуэ Хьэмид зэхуихьэсыжа IуэрыIуатэм щыщщ.
Поделиться: