Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и Унафэ

1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу илъэс къэс ахъшэ зэрырат Хабзэхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №34-ПП-м зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэнымрэ я IуэхукIэ
2023 гъэм мэкъуауэгъуэм и 5-м  Налшык къалэ №107-ПП
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ хэхъухьахэмрэ хэтахэмрэ, апхуэдэу хэкIуэда зауэлIхэм я фызабэхэм илъэс къэс ахъшэ етыным и IуэхукIэ» 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м къыдигъэк|а Указ №64-УГ-мрэ "1941 -1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу языныкъуэ цIыхухэм илъэс къэс ахъшэ етыным и IуэхукIэ" 2023 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м къыдигъэкIа Указ №4I-УГ-мрэ япкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм унафэ ещI:
1. Абыхэм ящIыгъу мыпхуэдэхэр къэщтэн:
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу илъэс къэс ахъшэ зэрырат Хабзэхэр (адэкIэ къызэрыкIуэнур Хабзэхэущ).
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2023 гъэм гъатхэпэм и 3-м «ЩIэблэ нэхъыжьыр дэIыгъынымкIэ республикэпсо щIыхьэху егъэкIуэкIыным и IуэхукIэ» 2023 гъэм гъатхэпэм и 3-м къыдигъэкIа унафэ №34-ПП-м халъхьэ зэхъуэкIыныгъэхэр.
2. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм  социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм къыщахьа ТекIуэныгъэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Хабзэхэм тету цIыхухэм ахъшэ иратыныр къызэригъэпэщын хуейщ.
3. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм «1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ныкъуэдыкъуэ хьэхъухьахэмрэ хэтахэмрэ, апхуэдэу хэкIуэда зауэлIхэм я фызабэхэм илъэс къэс ахъшэр зэрырат Хабзэхэм я IуэхукIэ» 2013 гъэм мэлыжьыхьым и 30-м къыдигъэкIа унафэ №135-ПП-м («Официальная Кабардино-Балкария», 2013, №18) къару имыIэжу къэлъытэн.
4. Мы унафэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыну и пщэ дэлъхьэн Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М.Б.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий.
Поделиться: