Бзылъхугъэмрэ жэнэтымрэ

Псысэ
Бзылъхугъэ гуэрым и лIэгъуэр къэблагъэри, псэхэхыр къыхуэкIуащ. ЦIыхубзым ар зэрилъагъуу пыгуфIыкIри, «Сыхьэзырщ» жиIащ.
-Сыт узыхуэхьэзырыр? - щIоупщIэ псэхэхыр.
-Ди щхьэщыгу итым и пащхьэ сихьэжу, жэнэтыр унапIэ схуэхъуным, - жиIащ абы.
-Жэнэтым уагъэкIуэну дэнэ щыпщIэр? – псэхэхым игъэщIагъуэу щIоупщIэ.
-Сыт сыщIамыгъэкIуэнур? Сыкъызэралъхурэ гугъу сехьу сопсэу, Тхьэм и нэфIыр къэзлэжьауэ къысщохъу.
-Дауэ гугъу узэрехьар?
-СыщыцIыкIум си адэ-анэм къэзмылэжьауэ саукIырт, къуэгъэнапIэм сыкъуагъэувэрти, зызгъэхъеину сыхуимыту сыхьэт бжыгъэкIэ сыкъуагъэтт, къыстекIиерт, зы бэлыхь гуэр сщIа хуэдэу. Школым сыщыщIэсым, къыздеджэхэм сыкъалъагъу мыхъуу къысщIэнакIэрт, къызэуэрт, сыхаутэрт. Унагъуэ сихьа иужькIи си Iуэхур нэхъ тынш хъуакъым. Си щхьэгъусэр ефэурэ сыщIиукIыхьырт. ЛэжьапIэм си унафэщIыр сыт щыгъуи къыстекIиерт, къэзлэжьыр тэмэму къызитыртэкъым, зыгъэпсэхугъуэ махуэхэми сигъэлажьэрт, икIэм-икIэжым сыкъыIуихужащ. Си гъунэгъухэри цIыху Iей защIэт, скIэрымылъ пцIы Iэджэ къыскIэрацIэлъурэ бэлыхь страгъэлъащ. Си бынхэр къыдэкIуэтея иужь, мыхьыр сагъэхьащ. 
-НтIэ, къызжеIэт, сыт уи гъащIэм къриубыдэу уэ фIыуэ пщIар?
-Сэ псоми сахуэщэбащ, тхьэ сахуелъэIуаш, зыхуей хуэзгъэзаш. ЗэрыжаIэщи, си плIэм телъу слъэфырт. Сэ мы дунейм бэлыхьу щыслъэгъуамкIэ жэнэтым и курыхыр схуэфащэщ.
-Ыхьы, жыпIэр къызгурыIуащ. Иджы, зы Iуэху цIыкIу къэнащи, ар зэфIэкIмэ, жэнэтым удогъакIуэ.
Псэхэхым бзылъхугъэм хуишия напэм итыр зэрилъагъуу, псы щIыIэ къракIыха хуэдэ, зэуэ и нэгур зэхэуэри, абы Iэ зэрыщIимыдзынур жиIащ. Напэм мы псалъэхэр итт: «Си жагъуэ къэзыщIахэм псоми къахузогъэгъури, сэри зи жагъуэ сщIахэм къысхуагъэгъуну солъэIу».
-Сыт уи жагъуэ къэзыщIахэм къащIыхуомыгъэгъуфынур?- щIоупщIэ псэхэхыр.
-Яхуэфащэкъыми! Сэ къахуэзгъэгъумэ, зыри щымыIа пэлъытэщ, абы къикIращи, ящIамкIэ жэуап яхьынукъым. Сэ зыми секъуэншэкIакъыми, къысхуагъэгъуну сыщIэлъэIуэн щыIэкъым.
-ЖыпIэр езым уи фIэщ хъужрэ?
-Мэхъуж.
-Апхуэдиз бэлыхь птезыгъэлъахэм теухуауэ сыт уи гум илъыр?
-Сэ ахэр слъагъу хъуркъым, гукъеуэ Iэджэ яхузиIэщ. Абыхэм къызащIа псори щымыIа хуэдэу истхъыкIыжыныр – захуагъэкъым.
-Абыхэм къахуэбгъэгъумэ, уи гур псэхужыну? – жиIэу псэхэхыр щыщIэупщIэм, бзылъхугъэр зэуэ щым хъури хэгупсысыхьащ, итIанэ жиIащ абы и кIуэцIри и дунейри нэщI зэрыхъунур. -Уэ уи дунейри уи гупсысэри дапщэщи нэщIу щытащ, а иджы зыхэпщIэ гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ гупсысэ нэщIу уиIахэр бгъэнщIауэ аращ армыхъу. Иджы къызжеIэт, сыт уи дунейр щIэнэщIыр?
-Сэ сыщIэпсэуа сызытелэжьахэмрэ яхуэсщIэр зыхащIыкIыну сыщыгугъырт, ауэ сыкъагъэщIэхъуащ. Си гъащIэр си щхьэгъусэм, бынхэм адэ-анэм, ныбжьэгъухэм щхьэузыхь яхуэсщIати, сызыхащIыкIакъым.
-Дунейр къыщыщIидзэр уи дежщ! - жи псэхэхым.
-Сыт абы къикIыр?
-Уи гъащIэм къыщыхъу псомкIи уэращ жэуап зыхьыр. Гугъу уехьу упсэунуми насыпыфIэ ухъунуми зэлъытэжар уэращ. Уэращ къыхэзыхыр узэрыкIуэну гъуэгуанэр. КъызжеIэт, хэт апхуэдиз бэлыхь къыптезылъхьар?
- ЗэрыхъумкIэ, сэ езым зытеслъхьэжащ, - бзылъхугъэм къитащ жэуап и макъыр кIэзызу.
-НтIэ хэт къызыхуомыгъэгъуфыр?
-Си щхьэ…(магъ зэщыджу).
-Уи щхьэ епщIар къызыхуэбгъэгъужыныр - уи щыуагъэр къыбгурыIуэжыным хуэдэщ. Уи щыуагъэр къыбгурыIуэжмэ - уи щыщIагъэхэр плъагъужынущ, уэ узыхуэдэри IупщI хъунущ. Уи щхьэ уеижри, абыкIэ дуней псор къуаншэу бгъэуващи, зыми къахуомыгъэгъуну жыбоIэ. Абы щыгъуэми, ущогугъ жэнэтыбжэр зэIухауэ уIущIэну. Уэ къыпфIэщIу къыщIэкIынщ Тхьэр жьы хъууэ зи гур хъыбий хъуа лIыжьым хуэдэу, игу къыпщIэгъуу, уи Iеягъэ лъэпкъ имылъагъуу иIэм и нэхъыфIымкIэ къыпхуэупсэну. Уэ езым уи жэнэт дунейм щызэгъэпэщ, абы уи хъуреягъыр щыгъафIи, итIанэ Тхьэм щыгугъ. Уэ пхуэдэкъым жэнэтым ягъакIуэр. Ауэ… Ди щхьэщыгу итым и унафэкIэ уэ щIэрыщIэу щIылъэм богъэзэжри, уи хъуреягъыр уи гуапагъэмрэ щабагъэмрэ хэбгъэфIыкIыу, цIыху нэсым и щапхъэу уопсэу. Быдэу зэгъащIэ, зи щхьэ Iуэху зымыщIэжыф, зи дунейр зэтезмыухуэжыф цIыхум нэгъуэщIхэм я Iуэху дигъэкIыфыну къыпщыхъуми, щоуэ. 
-КъызгурыIуащ… Сэ си щхьэгъусэм унагъуэр фIыуэ схуегъэлъэгъуакъым, къысхудэхьэхакъым. Быныр насыпыфIэу, гушхуауэ къысхуэгъэтэджакъым. Мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэрылъ унагъуэ зэтезухуэфакъым. Сэ си дунейм псори гугъу щехьырт…
-Сыт щхьэкIэ?
-Сэ псоми яфIэгуэныхь сыхъуу ягу къысщIэгъуну сыхуейти… Ауэ зыми сакъыгурыIуакъым… Арат Тхьэм и нэфI къысщихуэну сыщIыщыгугъыр…
-Зыщумыгъэгъупщэ, дунейм тет цIыхухэм щыщу нэхъ узыхуэсакъыпхъэр сыт щыгъуи зызыгъэтхьэмыщкIафэхэращ. ЦIыхухэм къыфщохъу ди щхьэщыгу итым фи тхьэмыщкIагъэ къилъыхъуэу, е щхьэузыхь зыфщIыну хуейуэ. Абы жэнэтым зэи иригъэхьэнукъым псэкIэ тхьэмыщкIэ, гущIэгъу щIэхъуэпсу псэуа цIыхур, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, апхуэдэ цIыхур жэнэтым щытхьэусыхэу исынущ, ар къэхъункIэ Iэмал зимыIэ Iуэхущ. ЩIылъэм гъэзэжи, цIыху насыпыфIэу, уи щхьэ Iуэху блэжьыжу псэу, уи хъуреягъри зыщумыгъэгъупщэ, ахэр уэращ зыщыгугъыр.
Ауэ а псом япэ, узэкъуэншэкIахэм къыпхуагъэгъуну елъэIуи, уи щыуагъэр уи щхьэ хуэгъэгъуж.
Саркисян Константин.
ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться: