КИФЩI-м и зэхьэзэхуэСтаврополь крайм щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыщхэм каратэ-киокушинкаймкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ щIыналъэм къикIа спортсмен 300-м нэблагъэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам щыщу, я хьэлъагъ елъытауэ, япэ увыпIэр къахьащ Шыд Ислъам (кг 47-рэ), Бейкъул Имарэ (кг 60), Конторин Роман (кг 40), Хомченкэ Валерэ (кг 37-рэ) сымэ. А зэпеуэм дыжьын медаль къыщихьащ Джатэ Эльдар (кг 55-рэ). НыбжьыщIэхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Биткашевхэ Давидрэ Емельянрэ. НАФIЭДЗ Мухьэмэд.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|