Дадэ Ахъмэтхъан

Iуэтэж

(Ещанэ Iыхьэ)

Сыкъэжэпхъа иужькIэ дадэрэ нанэрэ тхылъ сакъыхуеджэн щIэздзащ. Абы хэт лIыхъужьхэм датепсэлъыхьырт, итIанэ абыхэм щIэх-щIэхыурэ зауэ лъэхъэнэр ягу къагъэкIыжу хъыбар гъэщIэгъуэн куэд къысхуаIуэтэжырт. «Дэ дыпщыгъупщэми, бжетIахэмрэ узыхуэдгъэсахэмрэ зыщумыгъэгъупщэ!»,  псалъэхэр Ахъмэтхъан иужь зэманхэм жиIэрей зэрыхъуар сфIэмыфIу, сыкъэтэджырти сыкъэкIуэжырт.

Хъунутэкъым ахэр лIэ!

Езыхэракъым, я къуэ нэхъыжьырщ япэ дунейм ехыжар. Пэжщ, зыр лIэкIэ адрейм зилIэжыркъым. ЗилIэжыркъым, зехъуэж армыхъу! Гузэвэгъуэм елъытауэ гуфIэгъуэм апхуэдизу гъащIэр хуэмыхъуэжынкIи хъунщ. Дадэ-нанэм къыпхуэмыцIыхужу захъуэжат. КIэнфет зэрылъ Iэр къатщIэрэ тшхыжу сыздэджэгуу щыта Зилэ нанэ дыдэ, Ахъмэтхъан и гур хъыбий зырыхъуар абдежщ къыщызгурыIуар. Сэ лIэныгъэм сыщымыщтэну сыхуэзыгъэхьэзыраитIыр абы ирищIыкIырт, сыпэмылъэщу. Сыпэлъэщыппэнуми, сэ сщIэртэкъым апхуэдэхэм деж щIэн хуейр, уIэгъэшхуэу цIыху балигъитI итт си пащхьэ. Мис ахэратэм, Тхьэ, тхьэгъэгурымым хуэмыгъэхъужынур…

СыдэкIыху тетIысхьэпIэр нэщIт, итIани, итIани… Зыгуэр щIэн зэрыхуейр сщIэрти, мамэ сыкIэрыхъыжьащ дадэ-нанэм я тетIысхьэпIэр яхудигъэлэну, арщхьэкIэ идакъым: «Абыхэм ар я   Iуэхукъым, я гугъу умыщI», - щыжиIэм, сыбэяужащ.

Махуэ гуэрым сыдэмысу, дадэрэ нанэрэ Дзадзу и деж ишэжащ, я щыгъын тIэкIур зэщIакъуэри. КъуажэкIэ дыдэ дащIащ…

ТыншыпIэ псори здэщыIэ щIыпIэм дадэ-нанэр куэдрэ щыпсэужакъым. Мис иджыт сэ ахэр щысIэщIэкIыпар. Ди Iыхьлы дыдэ гуэр хуэдэ (ди Iыхьлытэкъэ-тIэ!) зыхэтщIат, псом хуэмыдэу сэ. Ахэр зыхэта гъащIэмрэ зыхэмытыжымрэ зыкIи зэщхьыжтэкъым…

Абы яужь хьэблэ сабийм сахэмызагъэжу сыт хуэдиз бэлыхь стелъа. Джэгун фIэкIа Iуэху яIэтэкъым, хъыбарти, таурыхъти, удзти, пхъэдакъэти жыхуиIэхэр абыхэм яфIэгъэщIэгъуэнтэкъым, сэращи — езыхэр сфIэгъэщIэгъуэнтэкъым. Сызыхэфу щыта псынащхъэр ягъэсеижу псыхуэлIэу сыкъыдэнам ярейт…

*   *   *

Я щIыкIэкIэ кхъэм ит адрей сынхэм яхэгъуащэу, нэхъ жьантIэмкIэ тIу щытщи, къуажэкIэмкIэ къаплъэу ягъэуващ. ЗымыцIыхухэрщ ар хэзыгъэгъуэщэнкIэ хъунур, сэркIэ абы екIуалIэ лъагъуэ бгъузэр пхыубыкIащи, кхъэм сызэрихьэу (ди дежкIэ, хуэфэщэну хуэпамэ, бзылъхугъэри кхъэм ихьэну хуитщ), сыпIащIэу дадэрэ нанэрэ деж сожэри… Сынхэр мывэ къудейкъым!

 

*   *   *

 Ахъмэтхъанрэ Зилэрэ я унэр зэримытыжрэ куэд щIащ, псори хэсэхэжри, и щIыIум удз лъахъшэ цIыкIу къытекIащи, зыгуэр исаIауи пщIэжынукъым. Ауэ, абдеж цIыху угъурлы зэрыщысар наIуэ ящI пхъэщхьэмыщхьэ жыгыу итым. НтIэ, иджы си закъуэкъым абыхэм пышхыхьыр. ЗэрыгъэкIийрэ дыхьэшх макъым къикъутэу я щхьэкIэхэм сабий гуп тесу слъагъуху, согуфIэ. Сэри сыдэIэбейуэ зы пхъэщхьэмыщхьэ къыпысчыху «Фи псапэщ!» жызоIэ, сызэрагъэсауэ. Ауэ, щыуат Ахъмэтхъан! Ар сигу къэзыгъэкIыжыр я пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэм я закъуэкъым, атIэ игъащIэкIи «сигъэшхэну» абыхэм къызата нэ ещанэрщ, абы илъагъу дуней телъыджэрщ, си гум хуэсакъыу щызэтралъхьа хъыбар бжыгъэншэхэрщ.

 Сэ къызгурыIуар зыщ - уи гъащIэм лъэужь къыщызыгъанэр, зи лъэужь уитарщ.

*   *   *

 Гъэмахуэ пщэдджыжьми, дыгъэр хэжеящи, удзым сыздрикIуэм уэсэпсыр къызох. Ауэ а ткIуэпс щIыIэтыIэ цIыкIухэр зыуэ лъакъуэм фIэфIщи, кIуэ пэтми нэхъ жэр сащI.

 Зэт! Пхъэдакъэжь!!! СолъэпыIури, схуэгъэхъейкъым. Хъуакъым иджыри, етIанэгъэ сыкъэкIуэнщ…

Щомахуэ Залинэ.

 

 

Поделиться: