УФСБ-м къет

Я гъащIэр лъэхъуэщым щахьынкIэ мэхъу

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, Урысей МВД-м и Управленэ нэхъыщхьэу КИФЩI-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм, наркотикхэкIхэр хабзэм ебакъуэу изыгъэкIхэм пэщIэту Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, къыщIагъэщащ республикэм афиянхэкIхэр куэду къихьэным пыщIауэ Воронеж, Тамбов щIыналъэхэм щыпсэухэм ялэжь щIэпхъаджагъэр.

Яубыдахэри, ахэр пIалъэкIэ къыщыувыIа щIыпIэри къыщащым къытрахащ «героин», «метадон» наркотикыу килограмм 1,7-м щIигъу.

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм шэч зыхуащIхэм ятеухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 30-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм, 228.1 статьям и 5-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэм япкъ иткIэ. Хабзэм къызэригъэувымкIэ, апхуэдэ зылэжьар и гъащIэр тутнакъым щихьыну ягъэтIысынкIэ мэхъу.

Экстремист Iуэхум пыщIат

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм экстремизмэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ Шэрэдж Ищхъэрэ щыпсэу, илъэс 29-рэ зи ныбжь Хужьокъуэ Д. С. зэрихьэ щIэпхъаджагъэр.

ЗэраубзыхуамкIэ, а цIыхум социальнэ сетхэм ирилъхьэрт экстремист Iуэхум къыхуезыджэ тхыгъэхэр.

КъБР-м и Аруан район судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Хужьокъуэ Д.С. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 280-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр зэрилэжьамкIэ икIи условнэу илъэси 3 тралъхьащ.

Илъэс 13 тралъхьэ

Урысей ФСБ-м и Управленэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м щыIэ МВД-м я лэжьакIуэхэм терроризмэм пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу къызэпаудащ республикэм и Бахъсэн районым щыпсэу Iэпщэ А. Х. зэрихьэ щIэпхъаджагъэр.

Яубзыхуащ ар Сирие Хьэрып Республикэм террор хьэгъэщагъэхэр къыщызэгъэпэщыным зэрыхэтар.

Ипщэ округым и дзэ судым и унафэ къару зыгъуэтам ипкъ иткIэ, Iэпщэ А. Х. къуаншэу къалъытащ УФ-м и УК-м и 205.5 статьям и 2-нэ Iыхьэм, 280-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэхэр зэрилэжьамкIэ икIи илъэс 13 тралъхьащ. Абы щыщу илъэситIыр лъэхъуэщым, адрейр ткIийуэ щаIыгъ колонием щигъэкIуэнущ.

Зыгъэхьэзырар УАРДЭ Жантинэщ.
Поделиться:

Читать также: