Алий и пшыхь![]() Музыкэ театрым накъыгъэм и 7-м концерт гукъинэж щитащ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, оперэ уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ, Музыкэ театрым и солист, Пуччини Джакомэ и цIэр зэрихьэу Италием оперэ уэрэджыIакIуэхэм я зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIым и лауреат, республикэм исхэр зэрыгушхуэ Ташло Алий. Ар къызэрагъэпэщащ ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Музыкэ театрым и уэрэджыIакIуэ Мэз Джульетэ. Ташлом и макъ гуакIуэм дихьэххэм пшыхь гуапэм яфIэфIу зыкърагъэхьэлIащ. Хэку зауэшхуэм, ТекIуэныгъэ Иным теухуа уэрэдхэр гум дыхьэу игъэзэщIащ Алий. Классикэ уэрэдхэр фIыуэ зылъагъухэр Ташлом игъэзащIэ уэрэдхэм дежьууащ. Макъ дахэ зиIэ, илъэс тхущIым нэблэгъауэ утыкушхуэм ит артистым и концертхэми ар зыхэт пшыхьхэми цIыхухэр сыт щыгъуи куэду йокIуалIэ. Иджыри абы цIыхушхуэ зэхуишэсащ икIи Iэгуауэшхуэ хуаIэтащ.
Поделиться:
Читать также:
24.04.2025 - 13:10 →
Iэпхъуалъэ лъащIэм уиплъэмэ…
24.04.2025 - 09:00 →
ЗэпыщIэныгъэхэр яIэщ
18.04.2025 - 13:24 →
Фэеплъхэм гулъытэ хуащI
17.04.2025 - 12:26 →
Урыс гъуазджэм и япэ музей
17.04.2025 - 12:26 →
Вагъуэ цIыкIухэм яхудэплъейуэ
|