Адэ-анэхэм я махуэ

Илъэс блэкIам щегъэжьауэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ ди республикэм «Радоница» чы­ристан махуэ лъапIэр зыгъэпсэхугъуэу щыщытщ. Дауэ а махуэр чыристанхэм зэрырахьэкIыр? 

Чыристан диным нэхъ ­лъапIэ дыдэу къыщалъытэ IутIыжым къыкIэлъыкIуэ етIуанэ тхьэмахуэм и гъубжырщ «Радоница»-р зыхуэ­зэр. «Адэ-анэхэм я махуэ», «Дунейм ехыжахэр ягу къыщагъэкIыж» - апхуэдэ фIэ­щыгъэхэри иIэщ абы. 
Славянхэм мы махуэр ягъэлъэпIэныр XVI лIэщIыгъуэ лъандэрэ хабзэ зы­хуащIащ. Хэти а махуэм кхъэм макIуэ, хэти абы пыщIахэр унэм щегъэзащIэ. И мыхьэ­нэр - дунейм ехыжахэм папщIэ ерыскъы къэпIэтынырщ. Диныр дакъузэу щыщыта совет зэманым цIыхухэр шынэрти, IутIыжри Радоницэри зэ­­гъусэу кхъэм щрахьэкIырт. Абы щышхэныр хабзэ щIэхъуари арагъэнщ. Гу лъытэгъуафIэщ махуэшхуэм и цIэм «гуфIэгъуэ» (урысыбзэкIэ - «радость») мыхьэнэр зэрепхар. «Ди адэжьхэр мэгуфIэ» жаIэ цIыхубэм. Уеблэмэ псэлъафэ яIэщ: «Радоницэм зи адэ-анэр зымыгъэлъапIэр дунейм ехыжмэ, езыри зыми игъэлъэпIэжынукъым». 
Хабзэ щIэщыгъуэу мы махуэм иджыри епхащ сабийхэр уэрамым къыдыхьэу (ди «хьэнцигуащэм» ещхьу) уэшх къригъэшхыну Тхьэм зэрелъэIур. Радоницэм уэшх къудамэ зыбжанэ нэхъ мыхъуми къыщемышх къэ­мыхъуу къалъытэ. А диныр зезыхьэ дэтхэнэ зыри мэпIащIэ а «уафэм къеха ткIуэпс­хэр» зылъигъэIэсыну, фIым щыгугъыу гъэр ирихьэкIын хуэдэу. 

КЪУДЕЙ Iэминэ.
Поделиться:

Читать также: