Налшык дэт къэрал Макъамэ театрым накъыгъэм и 9-м щекIуэкIащ 1941 - 1945 гъэхэм щыIа Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщытхьрэ илъэс 79-рэ зэрырикъум теухуа пшыхь. Республикэм и цIыхухэм ехъуэхъуащ ди Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- Нобэрей махуэхуэр и нэщэнэщ совет цIыхубэм къагъэлъэгъуа лIыгъэм, нацизмым пэщIэувэу Хэкур бийм щызыхъума зауэлIхэм я хахуагъэм. Къэралым и цIыхухэм зэкъуэувэу лIыгъэ къызэрагъэлъэгъуарщ Хэку зауэшхуэр ди текIуэныгъэкIэ щIиухар. А текIуэныгъэм хуит ищIыжащ ди къэралри, дуней псори.
Илъэс 79-рэ дэкIыжащ тхыдэм ищIэж зауэ нэхъ гущIэгъуншэ дыдэр зэриухам и щIыхькIэ ТекIуэныгъэм и хьэрэкIытIэхэр уафэм зэраутIыпщрэ! Нобэ дэ зыхыдощIэ гуфIэгъуэ ин, Хэкур бийм щызыхъумэу текIуэныгъэр къытхуэзыхьа зауэлIхэм гурэ псэкIэ фIыщIэ яхудощI.
Дрогушхуэ ди адэхэм, адэшхуэхэм, я лIыгъэм. Я пащхьэ къиува гугъуехь псори щхьэмыгъазэу къызэранэкIащ абыхэм, пэжым щыщIэзэум щыгъуэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бын пажэу мин 60-м щIигъум Хэку зауэшхуэр лIыгъэщIапIэ яхуэхъуащ. Куэдым къахуиухатэкъым къагъэзэжыну, ауэ дэтхэнэми хэлъхьэныгъэ нэс хуищIащ бийм дытекIуэным. Абыхэм я лIыгъэр щIэблэм я гум илъынущ. Ар Хэку лъагъуныгъэм, пэжыгъэр къару фIыцIэхэм зэратекIуэфым я щапхъэ нэсщ дэркIэ.
Гурэ псэкIэ фIыщIэ яхудощI зауэ губгъуэм итахэм я щIыб къыдэта лэжьакIуэхэм. Сэлэтхэр зауэм Iутын папщIэ ахэр псэемыблэжу щылэжьащ заводхэмрэ фабрикэхэмрэ, губгъуэхэмрэ фермэхэмрэ, фронтыр къызэрагъэпэщащ Iэщэ-фащэрэ ерыскъыпхъэкIэ. ГуащIэдэкIым абыхэм къыщагъэлъэгъуа щапхъэр гъуазэ тхуохъу.
Къэралыр хуит къэзыщIыжа зауэлIхэм яхуэтщI пщIэм и щыхьэт нэсыр Хэку зауэшхуэм и тхыдэ пэжыр зэзыхъуэкIыну хэтхэм яхуэдмыдэнырщ. Зыри хуиткъым текIуэныгъэр къэзыхьа нэхъыжьыфIхэм зэрахьа лIыгъэр игъэикIэну, хамэм я Iуэху еплъыкIэр ди деж къыщагъэлъэгъуэну иужь ихьэнуи яхуэддэ хъунукъым.
Нобэ, къэралым и дежкIэ махуэ лъапIэм, дэ псом хуэмыдэу зыхыдощIэ блэкIам дызэрыпыщIар. Ди бын пажэхэр, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIахэм ящIыгъуу, нацизмым аргуэру пэщIэтщ, Урысейм шынагъуэншагъэр щыхъумэным куэдым я псэр щIат. Ди щхьэр яхудогъэщхъ лIыхъужьу хэкIуэдахэм, Хэкум и къуэ нэсхэр зыгъэса адэ-анэхэм. Дэ защIэдгъэкъуэнущ хэкIуэдахэм я унагъуэхэм, гулъытэ яхуэтщIынущ абыхэм я бынхэм.
Дыщогугъ ди зауэлIхэм я лIыгъэм, нэхъапэми хуэдэуи, иджыри текIуэныгъэм дыпоплъэ. ЛIыхъужьыгъэ зыхэлъа ди нэхъыжьхэм дэ ди фIэщ ящIащ узэкъуэтмэ узэрылъэщыр. Абыхэм я щапхъэм дытету, дэ жэуап нэс еттынщ ди Хэкум къылъыкъуэкIа Iуэхугъуэхэр къызыпкърыкIахэм, - жиIащ ди Iэтащхьэм.
Макъамэ театрым и утыку хуитым республикэм и цIыхухэм папщIэ щагъэлъэгъуащ узыгъэгушхуэ, абы щыгъуэми куууэ узыгъэгупсысэ икIи узыгъэнэщхъей концертыр. Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ Макъамэ театрым и артистхэм, республикэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ пажэхэм, кадетхэм. «Кабардинка», «Балкария», «Шагъдий», «Насып», «Зори Кавказа», «Каллисто», «Терские казаки» къэфакIуэ ансамблхэм Iэгуауэшухэхэр хуаIэтащ. Утыкум щыIуащ зауэ зэманыр къызыхэщыж, цIыхубэм фIыуэ ялъэгъуа «Катюша», «День Победы», «Нам нужна одна Победа», «Потому, что мы пилоты» уэрэдхэр, нэгъуэщIхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым и уэрэджыIакIуэ пажэхэм цIыхухэм я деж нахьэсащ псалъэхэм гупсысэу щIэлъри гум имыхуж макъамэхэри.
Театрым деж къыщызэIуахащ «Спасибо деду за Победу!» сурэт гъэлъэгъуэныгъэр. Зауэм, ди текIуэныгъэ лъапIэм теухуа сабий IэдакъэщIэкIхэр зылъэгъуахэм ягу дыхьащ. Сурэтхэм къагъэлъагъуэрт щIэблэщIэм ди зауэлIхэм я лIыхъужьыгъэр зэралъытэр, зи псэр зытахэм я фэелъым пщIэ зэрыхуащIыр. Ткаченкэ А. Л. и цIэр зезыхьэ ГъуазджэхэмкIэ музейм и фондым хэлъ сурэтхэм ящыщ щагъэлъэгъуащ театрым. «По дорогам войны» зыфIащам къыхэщырт гуауи, нэпси, хьэзаби, лIыгъи, гуфIэгъуи, гушхуэныгъи, гугъи. СурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэмкIэ зауэм и гъуэгуанэм уриплъэжырти, текIуэныгъэм зи псэ щIэзытахэм уи щхьэр яхуэбгъэщхъырт.
Къэбэрдейр Урысейм зэрыгухьэрэ илъэс 400 зэрырикъум и щIыхькIэ утым щекIуэкIащ махуэшхуэ концерт.