Я гупэ хуагъэзэж

Налшык Головком и цIэр зезыхьэ уэрамым тет тхылъ щапIэм IукI Iухьэу щIалэгъуалэм художественнэ тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэр къыщащэху. Зэи зэрымылъэгъуахэри зыр зым еупщIыжу, зэчэнджэщу куэдрэ уарохьэлIэ.

ЩIалэ щхьэц баринэ щхьэпэлъагэр кассэм Iухьащ тхылъ зытхух зэуэ иIыгъыу. Абы иужьым ит хъыджэбз цIыкIур, нэбгъузкIэ тхылъхэм хуоплъэкIри, жреIэ: «тхылъыфI защIэщ къыхэпхахэр, сэри седжащ абыхэм. Къызэрыпщэхуам ухущIегъуэжынукъым»…

- Мы тхакIуэхэр сигу ирохь. Мыбыхэм я IэдакъэщIэкIхэм си щыпэ еджэкъым. Иджыпсту уасэхэм мащIэу кIэрагъэхуати, нэхъыбэу къэсщтащ, - къретыж жэуап щIалэ цIыкIуми.

Пэжыр жысIэнщи, къыхиха тхылъхэр зыхуэдэр си нэм къиубыдакъым, ауэ сыщыгуфIыкIащ щIалэгъуалэм тхылъыр IэщIыб зэрамыщIым. ИтIанэ, дыщыгуфIыкIыпхъэу, парк кIуэцIым нэхъыбэрэ уащрихьэлIэ хъуащ тхылъ еджэу тетIысхьэпIэхэм тес ныбжьыщIэхэм. Нэхъапэм апхуэдэхэр плагъунутэкъым.

Урысейм къыщыдэкI газетхэм щIэныгъэлIхэм я псалъэ куэдрэ дыщрохьэлIэ а тхылъ дыдэхэм теухуауэ. А IуэхумкIэ къэпщытакIуэхэм ящыщ зым тхьэ щеIукIыж дяпэ илъэс зыбгъупщIкIэ цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIалэгъуалэм, тхылъ жыхуаIэ къызэгуамыхыжыну, бжьыпэр зыубыда электроннэ печатым ахэр псори лъэныкъуэ иригъэзынкIэ хъуну. ЩIалэгъуалэр щIалэху иджырей еджэкIэ Iэмалхэм дихьэхынри хэлъщ, ауэ цIыхубэр щIалэгъуалэ защIэу зэрызэхэмытымрэ илъэс зы тIощIырыпщIкIэ абыхэми я щIалэгъуэр зэрикIынумрэ апхуэдэ хъыбархэр зыутIыпщхэм къагурымыIуэу хэт и фIэщ хъун?

 Апхуэдэ Iуэху еплъыкIэ лъабжьэншэхэм уащрихьэлIэм деж, мыхэр щIэныгъэлI зэрыхъуари урысей утыкум зэрынэсари дауэ жыпIэу, шэч уагъэщI. Хьэмэрэ, гуп зэрыгъэхъуауэ, щIэныгъэмрэ тхылъымрэ я лъэр щIауду ара? Абыхэм къагурымыIуэу ара илъэс 40-м щегъэжьауэ цIыхум а телефоным исынри, абыкIэ тхылъ еджэнри, я нэ къудейм фIэкIа хэмылъами, къазэрытехьэлъэнур, уеблэмэ, адрей яужэгъу псоми хуэдэу, а иджырей Iэмал къэмыланджэжу ягугъэхэри зэрекIуэтэкIынур - ныбжьыр зыщIыпIи пхуэхьынукъым, зэгуэр ямыужэгъуи къигъэщIыркъым, зы илъэс бжыгъэ гуэрым дынэсащ жаIэу, тхылъ еджэнри цIыхум IэщIыб ищIынукъым. Къэмыхъуар къэхъуауэ жаIэу, Iуэхум нэхъри гур пыIузыгъэкIуэт щапхъэ нэпцIхэмкIэ ар щIагъэбыдэжыныр нобэ къежьа Iуэхукъым…

ТхылъымкIэ дгъэзэжынщи, 2023 гъэр къызэрихьэрэ Чуковский М. и сабий тхылъ къудейуэ мин 700 - м нэблагъэ къыдагъэкIащ, щIэупщIэшхуэ иIэ зэрыхъужам къыхэкIыу. Абы къыкIэлъокIуэ Пушкин Александр ( мин 350 - рэ) Мы гъэм псом япэ ищар Достоевский Фёдорщ (мини 5-м нэс). Иужьрейр нэгъабэ етIуанэ увыпIэм щытащ.

2019 гъэм нэсыху Урысейм бжьыпэр щызыIыгъа 20-м япэм итащ Кинг Стивен. Абы и тиражыр 1 мелуаным щIигъуат. Сабий тхылъхэр къапщтэмэ, бжьыпэр зыIыгъар Роулинг Джоан и «Гарри Поттерщ» - ара тхылъ еджэхэр мащIэ хъуащ жыхуаIэр? Хьэмэрэ апхуэдэу жаIэмэ нэхъ къащтэрэ?... ЩIэупщIэ зиIэхэмрэ, зи тиражхэм хагъэхъуахэмрэ ящыщщ Толстой Лев, Булгаков Михаил, Гоголь Николай, Лавринович Ася, Ремарк Эрих Марие, Кристи Агатэ, Джейн Аннэ сымэ.

Къэбэрдей - Балъкъэрыр яхэтщ тхылъ щIэджыкIакIуэ нэхъыбэ здэщыIэ щIыналъэхэм. Ди республикэм хуэдэу библиотекэ нэхъыбэ здэщыIэрэ тхылъ гъэтIылъыгъэхэр нэхъ щыхъума хъуа щIыналъэрэ къэгъуэтыгъуейщ. Библиотекэхэр къызэгъэпэщащ иджырей IэмалхэмкIэ. КъимыдэкIэ, уней тхылъ щапIэ ехьэжьахэри ди мащIэкъым. Абыхэм я унафэщIхэм фIыуэ хащIыкI иджырей тхылъ тедзэкIэм и мардэхэм фIыуэ хащIыкI, урысей утыкухэм щрагъэкIуэкI тхылъ жармыкIэхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм гулъытэ къыщыхуащIу апхуэдэ зэфIэкI яIэщ.

Урысей классикэ литературэм зыкъыкIэригъэхуакъым кинематографиеми. ЕАИС-м хэIущIыIу зэрищIамкIэ, космосым япэу щытраха «Вызов» фильмыр яхэхуащ нэхъыфI дыдэу къалъытэ 10-м. Иджыпсту дуней псом бжьыпэр щызубыдахэм урысей киноууэ 6, нэгъуэщI къэралхэм ейуэ 4 хиубыдащ. Ди литературэм, щэнхабзэм, гъуазджэм цIыхубэм я гупэр зэрыхуагъэзэжыр гуапэщ.

ЖАНХЪУЭТ Зузэ.
Поделиться: