Махуэ лъапIэм ирихьэлIэу

КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм
 

Республикэм и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Налшык къалэм и «ЩIалэгъуалэ» микрорайоным къыщызэIуахащ иджырей спорт лIэужьыгъуитхум зыщыхуагъэсэну центр.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек абы ехьэлIа гуфIэгъуэ зэIущIэм къекIуэлIахэм гуапэу захуигъэзащ икIи ехъуэхъуащ республикэм и махуэмкIэ, къыхигъэщащ, «ЩIалэгъуалэ» микрорайоныщIэр куэд щIауэ зыхуей спорт комплексыщIэр «Демография» лъэпкъ проектым хыхьэ «Спортыр гъащIэм и мардэщ» къэрал проектым ипкъ иткIэ зэраухуар. 
«Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа лъэпкъ проектхэм я фIыгъэкIэ, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным ехьэлIа зэхъуэкIыныгъэфIхэр дэнэ щIыпIэкIи къыщокIуэкI. Ди сабийхэр, ди цIыхухэр нэхъыфIу, екIуу псэун папщIэщ а программэ псори ди гъащIэм щIыхэтпщэр. Къызолъытэ, иджыпсту къекIуэкI зэхъуэкIыныгъэфIхэр дэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм, нобэ нэрылъагъу тщыхъуу», - жиIащ республикэм и Iэтащхьэм. Апхуэдэуи абы къыхигъэщащ «Искож» хьэблэм щыпсэухэм нэгъуэщI зэхъуэкIыныгъэфIхэр дяпэкIи къазэрыпэплъэр. 
 «Дэ псори Къэбэрдей-Балъкъэрым дыкъыщалъхуащ, дыкъыщыхъуащ икIи дощIэж нэхъ пасэхэм унэ къэзыщэхухэм я хъыбарегъащIэхэм - Искожрэ Александровкэрэ къытхуэвмыгъэлъагъуэ, - жаIэу иратхэу зэрыщытар. АтIэ, дэ иджыпсту тхужыIэнущ къалэм мы и хьэблэр яфIэфIу, езыхэр абы щыпсэуну хуейуэ куэдым къызэрыхахыр. 
ОбъектыщIэхэр яухуэ, гъуэгухэр, инфраструктурэр къалэми республикэм и зы дэтхэнэ жылагъуэми щрагъэфIакIуэ. Узыншагъэ фиIэну, псори дехъулIэну, нэхъыщхьэжращи, мамырыгъэ лъапIэр диIэну, куэд щIауэ псори дызыпэплъэ а текIуэныгъэр къэтхьыну сынывохъуэхъу. Ди щIалэфIхэр узыншэу икIэщIыпIэкIэ я унагъуэхэм къахыхьэжыну, я жьэгу дэтIысхьэжыну си гуапэщ», - яжриIащ КIуэкIуэ Казбек къызэхуэсахэм. 
Спорт лIэужьыгъуэ куэдым хухэха иджырей пятиборьемкIэ спорткомплексым щебгъэкIуэкI хъунущ конкурымкIэ (шым тесу лъагапIэхэм елъэн), фехтованиемкIэ, нэщанэ еуэнымкIэ, къэжыхьынымкIэ, псы есынымкIэ зэхьэзэхуэхэр. Спорт ухуэныгъэм еубыд метр зэбгъузэнатIэ 8000-м щIигъу. Спорткомплексым хохьэ лIэужьыгъуэ куэдым зыщыхуэбгъасэ, зэ щIыхьэгъуэу цIыху 60 щIэхуэу спортзал, тренажер пэш, бассейн, нэщанэ еуапIэ, нэгъуэщIхэри.   

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: