Бжьыхьэм къытхуихьахэр

ФокIадэм и 1-м ди гъащIэм щIэ зыбжанэ къыхыхьащ. Хьэуэ, дэ зи гугъу тщIыр уасэхэр зэрыдэкIуейркъым, - абы десэжащ, атIэ Iуэхутхьэбзэхэр къызэрытхуащIэ хабзэ зыбжанэм зэрызахъуэжырщ.

Дохутырхэр

Иджы поликлиникэхэм къыщоплъынущ пщIэ щIэптуи. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ОМС-м и полисымкIэ поликлиникэм и дэIэпыкъуныгъэ сыт хуэдэри къэбгъэсэбэп хъунущ, сымаджэщми ущIагъэгъуэлъхьэнущ. Къоплъын, анализхэр птын папщIэ къоIэзэ дохутырым и Iэр зыщIэлъ дэфтэр фIыгъын хуейщ, абы уздигъакIуэр къыщыгъэлъэгъуауэ. Апхуэдэ дэфтэр зимыIэхэми поликлиникэм Iуэхутхьэбзэ яхуищIэфынущ, ауэ я уасэхэр яIихыу. Апхуэдэ Iэмал яIэнущ 2024 гъэм шыщхьэуIум и 31-р къэсыху.
Зэрытлъагъущи, мыбдеж ефIэкIыныгъэ щызиIэнур поликлиникэм къегъэщIылIа щIыпIэхэм щыпсэухэрщ икIи абы епхахэрщ. Дохутырхэм зыхуэзыгъазэ нэгъуэщIхэм я деж щытыкIэм зэрызыщахъуэж щIагъуэ щыIэкъым.

Хущхъуэхэр

Бжьыхьэм къыщыщIэдзауэ Урысейм и аптекэхэм хущхъуэхэр зэрыщащэм нэхъ ткIийуэ кIэлъыплъынухэщ. РецептхэмкIэ нэхъапэм къэпщэху хъуну щытахэр иджы къуащэнукъым, къоIэзэ дохутырым и Iэр зыщIэлъ дэфтэр хэхар щIымыгъуу. Фармацевтыр хуитщ щыхуатха зэманыр, и номерыр, зыщыщ сериер имытмэ, рецептыр мытэмэму къилъытэну. НаIуэу зэрыщытащи, аптекэ куэдым иджыри къэс хущхъуэхэр ящэу щытащ дохутырым и Iэр зыщIэмылъ икIи и мыхъурри зытемыгъэуа тхылъымпIэ къызэрыгуэкIым иратха рецептхэмкIэ. Языныкъуэхэм деж, уеблэмэ, абыхэм щIэупщIэххэртэкъым. Иджы зи гугъу тщIы рецептым хуэдэ зимыIэм хущхъуэ езыща аптекэ лэжьакIуэм сом мин 20-м нэскIэ етхьэкъункIэ хъунущ.
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ардыдэмкIэ къэралым егъэткIий хьэпшып куэд зэращэм зэрыкIэлъыплъыр. Мурадыр зыхуэгъэзар хущхъуэ нэпцIхэу ирагъэкIхэр нэхъ мащIэ ящIынырщ. Абы къыдэкIуэуи мыхьэнэшхуэ иIэщ дохутырым къыхуитха хущхъуэм фIэкIа цIыхум зримыхьэлIэнми. Езыр-езыру хущхъуэхэр къыхэпхыныр шынагъуэщ.

Хуит хьэмэрэ хуимыт?

ФокIадэм и 1-м къыкъуэкIащ пивэрэ пивэм ещхь фадэхэкIхэмрэ, сидр, нэгъуэщIхэр зыгъэхьэзырхэм я реестр. Абы занщIэу яхэхуащ зы илъэсым апхуэдэ ткIуаткIуэу декалитр мин 300 нэхърэ мынэхъ мащIэ зыгъэхьэзырыну лъэщапIэхэр зиIэ IуэхущIапIэхэр. 2024 гъэм мазаем и 1-м къыщыщIэдзауэ 2025 гъэм накъыгъэм и 31-р къэсыху  зи гугъу тщIы реестрым хэтхэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъынущ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ иджы Урысейм япэ дыдэу лицензэм пэщIагъэувэ пивэ щIынымрэ щэнымрэ ехьэлIа лэжьыгъэр. Зыхуэфащэ Iэмэпсымэ зимыIэ IуэхущIапIэхэр хуит ящIынукъым лэжьэну.

Шынагъуэншагъэм тещIыхьащ

Бжьыхьэм и пэщIэдзэм щегъэжьауэ такси зезыгъакIуэхэр хуиткъым зы сменэм сыхьэт 12 нэхърэ нэхъыбэкIэ лэжьэну. Апхуэдэу зы тхьэмахуэ зэхуакум къриубыдэу абы и лэжьэгъуэ зэманыр псори зэхэту сыхьэт 40-м щIигъу хъунукъым. Гъуэгуанэм и кIыхьагъым апхуэдэ Iэмал рулым дэсым къримытмэ, ягъэува мардэм сыхьэтитI фIагъэкI хъунущ. Ар къыщыгъэлъэгъуащ УФ-м и Лэжьыгъэ кодексым. И зэманыр иухамэ, такси зезыгъакIуэм щIэуэ цIыхухэр и машинэм иригъэтIысхьэ хъунукъым - абы кIэлъыплъынущ ирагъэува Iэмэпсымэр-таймерыр. Псори зытещIыхьар гъуэгухэм шынагъуэншэу щызекIуэнырщ икIи цIыхухэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр ирагъэфIэкIуэнырщ. А псом къадэкIуэу таксим ирилажьэм ОСАГО-м и полис иIэн хуейщ, и пIалъэр имыкIауэ. Арыншауэ ар хуиткъым цIыху къришэкIыну.
Дауи, хъарзынэщ цIыхухэм я гъащIэмрэ узыншагъэмрэ апхуэдэ гулъытэ зэрыхуащIыр. АрщхьэкIэ мыбы куэдым ягу иримыхьхэри хэлъщ. Псом япэрауэ, такси зезыгъакIуэхэм я лэжьэгъуэ зэманым мардэ зэрыхуагъэувымрэ ахэр нэхъ кIэлъыплъыныгъэ ткIийм зэрыщIагъэувэмрэ къокI абыхэм ахъшэу кърахьэлIэмрэ я улахуэхэмрэ хэщIыныр. Иджы щыIэ зекIуапщIэхэмкIэ таксим урилэжьэныр фейдэншэу къэнэнкIэ хъунущ. Аращи, зекIуапщIэм хэхъуэным дыпэплъэнырщ къытхуэнэжыр. АрщхьэкIэ, дегупсысыжмэ, ахъшэм нэхърэ нэхъ лъапIи щыIэщ…

 НэгъуэщIхэми…

Бжьыхьэм и пэщIэдзэм щIэ гуэрхэр къыщыхъуащ егъэджэныгъэ IэнатIэми. Иджы ебгъуанэ, епщыкIузанэ классхэм щеджэхэм ЕГЭ-мрэ ОГЭ-мрэ хэтыну зэрыхуейм теухуа лъэIухэр ят хъунущ, Къэрал IуэхутхьэбзэхэмкIэ порталыр щIэгъэкъуэн къащIу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ къыхахыфынущ еджакIуэм экзамен зэритыну хуей предметри. МатематикэмкIэ экзаменым и гугъуагъыр сыт хуэдэ лъэхъэнэми яхъуэж хъунущ, ауэ экзаменыр ятыным тхьэмахуэ зэхуакуитI нэхърэ нэхъ мащIэ имыIэжу. Япэу пхырымыкIыфахэм етIуанэу экзамен ят хъунущ, предметхэр яхъуэжу.
 ФокIадэм и пэщIэдзэм зихъуэжащ сабийр зы школым къыщIэкIыу адрейм зэрагъакIуэ хабзэм. Абы егъэщIылIа тхылъхэр адэ-анэхэм е зи нэIэ къатетхэм ират хъунущ МФЦ гъунэгъу дыдэм е Къэрал IуэхутхьэбзэхэмкIэ порталым. Мыбдежым къыщыгъэлъэгъуэн хуейщ школыр щIахъуэжым и щхьэусыгъуэхэри. ЗыщIэса школыр зэрызэхуащIыжым е езыхэр нэгъуэщI щIыпIэ зэрыIэпхъуэм къадэкIуэу тегъэщIапIэ ящI хъунущ мыпхуэдэхэри: еджапIэм къаугъэхэр пыщIащ, ар щIыпIэ къемызэгъым щыIэщ е предмет пыухыкIахэр куууэ щрагъэджыркъым.
 НэгъуэщI щIэ зыкъоми къыхыхьащ ди гъащIэм. Дыщыгугъынщ ахэр дэ фIыкIэ къытлъэIэсыну.           

 

Махъшокъуэ Мухьэмэд.
Поделиться: