Медалхэм щыщ зырызХанты-Мансийск автономнэ округым щыщ Нефтеюганск щIыналъэм и Пойковскэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм спорт бэнэкIэхэмкIэ и федерацэм и унафэщIым и къуэдзэ Семёнов Владимир и цIэкIэ ягъэува саугъэтыр бэнэкIэ хуитымкIэ къэхьыным теухуа 17-нэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Зэпеуэм хэтащ спортсмени 137-рэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и бэнакIуэхэм ящыщу килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ ЗэкIуий Анзор япэ увыпIэр къыщихьащ зэпеуэм. Жыласэ Рустам ещанэ щыхъуащ килограмм 61-рэ хъухэр зыхэтым. Заникоев Марат дыжьын медалыр щызыIэригъэхьащ килограмм 97-рэ хъухэр щызэпэщIэтам. Ди щIалэхэм я тренерыр ЗэкIуий Арсенщ. ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:
Читать также:
25.04.2024 - 17:30 →
Олимп чемпионыр ящыгъупщэркъым
25.04.2024 - 17:00 →
Кубокыр къыздашэ
23.04.2024 - 20:03 →
Уанэш зэхьэзэхуэшхуэ
23.04.2024 - 17:06 →
Гуп зэпеуэм япэ щыхъуащ
23.04.2024 - 15:26 →
Урысейм щынэхъ лъэщхэр
|