БэнакIуэ цIэрыIуэм и фэеплъу

Мэзкуу и «Динамо» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Поддубнэм и лигэм щыщ бэнакIуэхэр» спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы зыкъыщагъэлъэгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ щIалэхэми икIи псори зэхэту медалу 8 къахьащ, абы щыщу 5-р дыщэу. 

БэнэкIэ хуитымкIэ япэ увыпIэр яубыдащ Азэмэт Русланрэ (кг 57-рэ), Шыгъэлыгъуэ Айдэмыррэ (кг 65-рэ). 
Алыдж-урым бэнэкIэмкIэ ХъуэкIуэн Альберт (кг 63-рэ), Мамедов Аслъэн (кг 67-рэ), Щад Уэсмэн (кг 130-рэ) сымэ пашэныгъэр къыщахьащ. Щамырзей Къантемыр (кг 77-рэ) етIуанэ хъуащ. 

 

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: