Щхьэгъум Мурат и фэеплъу![]() Бахъсэн щIыналъэм и стадион нэхъыщхьэм щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм мини-футболымкIэ я республикэ зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ полицэм и подполковник Щхьэгъум Мурат. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ 2009 - 2010 гъэхэм къалъхуахэр зыхэта командэу 12 - псори зэхэту сабии 170-рэ. Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Налшык и командэм, етIуанэ увыпIэр иратащ Бахъсэн къалэм щыщ цIыкIухэм, ещанэ хъуащ Къубэ-Тэбэ къуажэм къикIа ныбжьыщIэхэр. Зэхьэзэхуэм и топджэгу нэхъыфIу къэлъытащ Къанщауэ Ролан. Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Тохъутэмыщ Мухьэмэд зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэр яжриIащ, ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ я Iэзагъэм хагъэхъуэну, спортым ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэрагъэхьэну, ефIэкIуэну. Зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыубыдахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ. Щхьэгъум Мурат и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ фIыщIэ хуащIащ зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм, езыгъэкIуэкIахэм, я щIалэр зэращымыгъупщэм, абы и цIэр зэрагъэлъапIэм папщIэ икIи мамыру, зэгурыIуэу цIыхухэр псэуну зэрагуапэр къыхагъэщащ. БЭВЫКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
07.12.2023 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
07.12.2023 - 16:06 →
ГъэщIэгъуэну къызэдожэ
07.12.2023 - 10:30 →
Чемпионатым и етIуанэ медаль
06.12.2023 - 13:09 →
Къызэрыхах зэхьэзэхуэм щытокIуэ
03.12.2023 - 15:27 →
УФ-м и командэ къыхэхам хагъэхьэ
|