Спорт хъыбархэрАтлетикэ хьэлъэ Зэрылъэщыр къагъэлъагъуэМейкъуапэ къалэм и «Уэщтэн» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысей Федерацэм атлетикэ хьэлъэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ щIалэгъуалэм я зэхьэзэхуэ. Абы гупитIу гуэшауэ щызэпеуащ илъэс 15-18, 19-20 зи ныбжь спортсменхэр. Iэпщэрыбанэ спорт Хъарзынэу зыкъагъэлъагъуэАрмэ Iэпщэрыбанэ зауэмкIэ «Доным и кубокыр» къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ Дон Iус Ростов къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ ныбжьыщIэхэмрэ балигъхэмрэ - псори зэхэту цIыху 300-м нэблагъэ. Ахэр къикIат Ростов, Самарэ, Челябинск, Волгоград областхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Дагъыстаным, нэгъуэщI щIыналъэхэми.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр къыщахьащ Янченкэ Амиррэ ШэрыIужь Уэлийрэ. ЕтIуанэ хъуащ Мэлыхъуэ Тамерлан. Безынэ Алан, Теунэ Алим, Безыр Азэмэт, Гъубжокъуэ Вадим сымэ ещанэщ.
Поделиться:
Читать также:
10.05.2024 - 16:04 →
Медаль 59-рэ къахь!
08.05.2024 - 17:33 →
ТекIуэныгъэм и щIыхькIэ
08.05.2024 - 17:00 →
ТекIуэныгъэм хуэпабгъэу
08.05.2024 - 16:28 →
Тай боксым дихьэххэм къахохъуэ
08.05.2024 - 16:00 →
Шабзауэхэм я зэфIэкIыр
|